ЕхъулIэныгъэ лъагэхэм я щыхьэтт

Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и цIыхубэм Космо­навтикэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

«Мы махуэшхуэр епхащ цIыхур япэу хьэр­шым зэрылъэтам. 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м, игъащIэм къэмыхъуауэ, япэ космонавт Гагарин Юрий Алексей и къуэр дуней псом цIэрыIуэ ­щыхъуащ.
Япэу хьэршым цIыху зэрылъэтэфар дуней­псо цIыхубэм къехъулIа телъыджэт, абы и фIыгъэкIэ хьэршым епха къэхутэныгъэхэм заужьри, щIэ­ны­гъэмрэ техникэмрэ гъуэгущIэ теувэну Iэмал ягъуэтащ. 
Космонавтикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ урысей, совет щIэныгъэлI, ­УФ-м щIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, ди хэ­куэгъу Энеев Тимур Мыхьэмэт и къуэм. 2023 гъэм абы и цIэр фIащащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэфIэкI къызэрымыкIуэ къызыдалъхуа сабийхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ, «ДыгъафIэ ­къалэм» къыщызэIуаха «Антарес» центрым. Нобэ абы къыщIэкIа сабийхэм Урысейм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм увыпIэ лъагэхэр къыщахь, сыт и лъэныкъуэкIи пэрыт хъуным хуэпабгъэу. 
Космонавтикэм и махуэмкIэ, ехъулIэныгъэ ­лъагэхэм я махуэмкIэ сынывохъуэхъу, ныб­жьэгъу ­лъапIэхэ!» - дыкъыщоджэ республикэм  и УнафэщIым и хъуэхъум. 

Поделиться: