Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ

Космонавтхэм ерыскъы узыншэ яшхыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы елъытащ я узыншагъэри, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхур нэсу ягъэзэщIэнри, космосым ихьа нэужь я Iэпкълъэпкъым климат зэхъуэкIыныгъэр зэрызыхищIэнури. Абы къыхэкIыу орбитэм къыздащтэ шхынхэр егупсысауэ къыхах - ар медицинэр зыкIэлъыплъа мардэкIэ зэхагъэувэ. Урысейм и космонавтхэм шхын яхуегъэхьэзыр Бирюлевскэ эксперимент заводым. Дэтхэнэ ерыскъыпхъэми къыщыбгъэсэбэп пIалъэ иIэщ. Кхъуейлъалъэм - мазэ 12, шэджэгъуашхэу ягъэхьэзыр ерыскъыхэм - мазэ 12-м щегъэжьауэ 24-м нэс. ЩIэныгъэлIхэр тепсэлъыхьащ хьэршым къыздащтэ шхыныгъуэхэм ящIэлъ къэуатым, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Москва, ШхыныгъуэхэмкIэ федеральнэ къэпщытэныгъэ центрым щекIуэкIащ абы теухуа зэIущIэ. Ар ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо академием и илъэс 300-мрэ Гагарин Юрий къызэралъхурэ илъэс 90 зэрыхъумрэ я щIыхькIэ къызэрагъэпэщащ. Iуэхум хэтащ медицинэм, шхыныгъуэхэм, къэкIыгъэхэм елэжь щIэныгъэлIхэр, академикхэр.  ЗэIущIэм къыщагъэлъэгъуа гупсысэхэм тепсэлъыхьащ «Научная Россия» электроннэ журналыр.

- ЩIэныгъэри иджырей технологиехэм я Iэмалхэри хуэунэтIащ космосым щекIуэкIхэм дыкIэлъыплъыным, абы ихьэхэр зыхуей хуэзэным. УвыпIэ нэхъыщхьэ дыдэ зыубыдхэм ящыщщ космонавтхэм я шхыныр. Ерыскъыпхъэхэм я зэхэлъыкIэр, хьэзыр ящIа шхыныр зэрызэкIуэцIалъхьэ Iэмалхэр, шхыныр зэрылъыр е зыкIуэцIылъыр къызыхэщIыкIар, ахэр тыншу къызэкIуэцIахыу яшхыфын зэрыхуейр къэлъытэныр - куэд мэхъу абы епхар. Псом нэхъыщхьэжращи, космонавтхэм мэжэщIалIагъэ зыхамыщIэу, абы щыгъуэми шхыныр я Iэпкълъэпкъым къытемыхьэлъэу щытыпхъэщ, - жиIащ ФИЦ-м и унафэщI, Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI-диетолог нэхъыщхьэ Тутельян Виктор.

Хьэршым къыздэпщтэ хъуну ерыскъы узыншэм тепсэлъыхьащ шхыныгъуэхэм я зэхэлъыкIэмкIэ, промышленностымрэ ерыскъыпхъэ технологиехэмкIэ щIэныгъэ институтым и унафэщI Камбаров Алексей. ЩIэныгъэлIым кърибжэкIащ космосым щыпшх хъуну шхыныгъуэхэм я мардэхэм, абыхэм яIэ пIалъэхэм, узыншагъэмкIэ зэран мыхъу ерыскъыпхъэхэм къыхэщIыкIауэ щытын зэрыхуейм.

Техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, космос шхыныгъуэхэмкIэ IэщIагъэлI Добровольский Виктор къыхигъэщащ Урысейм и космонавтхэм папщIэ шхынхэр щагъэхьэзыркIэ кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ къызэрагъэпэща мардэм зэрытетыр. Псом япэу мыхьэнэ ират къабзагъэм - шхыным фIей кIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абыхэм я пIалъэр нэхъыбэрэ имыкIын папщIи щIэныгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэм хуокIуэ.

- Ерыскъыпхъэхэр гъэгъущыныр сыткIи арэзы укъэзыщI Iэмалщ. Абы процент 90 хуэдизкIэ шхыным и къэуатри узыншагъэмкIэ сэбэпу абы хэлъхэм я фIагъри ехъумэ. Абы къищынэмыщIауи, шхыным псыIагъэр щIэпшмэ, ар псынщIэ мэхъу - хьэршым къыздэпщтэр псынщIэу щытыпхъэщ. Ерыскъы гъэгъущар сыт хуэдиз температурэми щыпхъумэфынущ, зэIымыхьэу. Мазэми Марсми мыхьэнэшхуэ щиIэщ абы.  Къэлътмакъ цIыкIум илъ шхыным псы хэпкIэрэ дакъикъи 10 - 15-кIэ упэплъэмэ хьэзыр мэхъу, - жиIащ абы.

ЩIэныгъэмкIэ Мичурин И. В. и цIэр зезыхьэ федеральнэ центрым и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Гудковский Владимир космосым ирагъашэ мыIэрысэхэр зэрахъумэм къытеувыIащ.

Хадэ гъэкIынымкIэ федеральнэ щIэныгъэ центрым космонавтхэм папщIэ щагъэкI мэракIуэ Iэрысэ лIэужьыгъуэхэм я гугъу ищIащ центрым хадэхэкIхэм я генетикэмрэ селекцэмкIэ и къудамэм и унафэщI Евдокименкэ Сергей. Абы жиIащ мэракIуэхэкIхэр космонавтхэм дежкIэ зэрысэбэпыр. Псалъэм папщIэ, щIымэракIуэм куэду хэлъщ витамин С, мамкъутыр салициловэ кислотарэ минералхэмкIэ къулейщ.

Хьэршым щашх щIакхъуэм тепсэлъыхьащ щIакхъуэ гъэжьэн промышленностымкIэ щIэныгъэ институтым и унафэщI Костюченкэ Маринэ. Абы къыхигъэщащ щIэрыкIуэ хьэжыгъэм къыхэщIыкIа щIакхъуэр зэрыкъэуатыр.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: