ХьэцIыкIу Башир и зэфIэкI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир. Абы игъэзащIэ уэрэдхэм езыр виолончель макъамэ IэмэпсымэмкIэ зэрыдежьур, абы бэрэбаным и макъыр щIэщыгъуэу зэрыщIигъэувэжыр телъыджэщ. Езы Башир зэрыжиIэмкIэ, виолончелыр абы къегъэсэбэп шыкIэпшынэм ипIэкIэ икIи ежьу папщIэу (хорым и къалэныр егъэзащIэ). Макъамэ гъуазджэм и лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнщ ар.

XIX - XX лIэщIыгъуэхэм яусахэу «Кхъужьеижьым и тхьэусыхэ», «ПащIэ Бэчмырзэ и тхьэусыхэ», «Мэлыхъуэ щIалэм и гъыбзэ», «Дзыгъур КIаш», пщылIым и «Сэрмахуэ» гъыбзэр, «Дотэху и уэрэд», «Нартыгу и тхьэусыхэ» уэрэдыжьхэр абы игъэзащIэхэм я Iыхьэ мащIэщ. «Псори къыщежьар виолончель и гъусэу жаIэ уэрэдыжьхэр архивым хэлъу срихьэлIа нэужьщ, - жеIэ Башир. - Зэман дэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым Хьэлил Болэт къригъэблэгъащ франджы музыкантхэр, абыхэми лъэпкъ макъамэм щIыгъуу къагъэсэбэпырт виолончелыр. Бэрэбаныр гуэгъу яхуэсщIыну тегушхуар сэращ икIи сыкъэпцIакъым. Дэгъуэу а макъыр щIозагъэ».

 «Тепщэч», «бочкэ» макъамэ Iэмэпсымэхэри узыIэпишэу «къегъэпсалъэ» Башир. А псор зыдэбгъэIэпыкъуну гугъукъэ, жытIэу Башир дыщеупщIкIэ, къыпогуфIыкIри къыджеIэ: «Ударнэ макъамэ Iэмэпсымэхэм сеуэфырти, абы зыгуэр щIызгъуныр къызэхьэлъэкIауэ схужыIэнукъым. ЛъакъуэкIэ дэIэпыкъунри хьэлъэкъым, лъапэхэм тедгъэуэныр макъамэрылажьэхэм ди хьэлу зэрыщытыр Iуэхум къыхэплъытэмэ. Iэпэ зытелъ макъамэ Iэмэпсымэхэр бзэпс зытедзахэм нэхърэ нэхъ зэрыспэгъунэгъум, виолончелыр абыхэм къазэрыщхьэщыкIым къыхэкIыущ зэкIэ гугъу сыщIехьыр. Ауэ дауэ мыхъуми, икъукIэ сигу ирохь», - жеIэ Башир.

ХьэцIыкIу Башир зэрысабий лъандэрэ макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэм дахьэх. Псалъэм папщIэ, абы къыщIидзащ пшынэрэ доулрэ еуэнкIэ. Башир «Хьэгъэджэгу» гупым хэтащ, иужькIэ «Джэрпэджэж» гупым уэрэд щыжиIащ. Камернэ электроннэ макъамэхэр щызэщIэжьыуэ, «Бзу» зыфIаща лэжьыгъэхэр зэдагъэхьэзырауэ щытащ Баширрэ Мэршэнкъул Астемыррэ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, а проектым и теплъэр зыщIар Башир и щхьэгъусэ Миланэт.

ПащIэ Бэчмырзэ и уэрэд-гъыбзэхэр щызэхуэхьэсауэ Башир альбом игъэхьэзыращ. ИлъэситIым нэблагъэкIэ елэжьащ ар абы. «Зауэ хэмыкIыу псэуа адыгэхэм къащIэна уэрэдыжьхэм я нэхъыбэр гъыбзэщ, тхьэусыхэщ. Пэжщ, щыIэщ я гъащIэ гугъур псынщIэ иращIу яуса гушыIэ, хьэгъуэлIыгъуэ, ефэ-ешхэм щыжаIэ уэрэд зэмылIэужьыгъуэхэри. Абыхэм зэкIэ яужь сихьакъым», - жеIэ Башир.

     ИСТЭПАН Залинэ.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

 

Поделиться: