Псалъэжьхэр

                               Лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым теухуахэр

Абрэмывэ зыкъутэм татуугъуэ егъуэт.

Акъыл зиIэм и Iуэхур махуищщ, акъылыншэм и махуэ махуищщ.

Арму и унэ лъэбышэщ.

Бжьэ зэмыдзэкъам фом и уасэр ищIэркъым.

Бжьэ зезыхуэр хум елэжьым и Iыхьэгъущ.

Бжьэ зыдэсым фо дещIэ.

Бланэр уигу къэкIамэ, къуэладжэ щыщакIуэ.

ВакIуэлIыр хуэмыхумэ, пашэвыр мэхъуакIуэ.

Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ.

Выжь и махуапщIэ выщIэ и уасэщ.

Вым еубзэ, шым езауэ.

Гъатхэ уафэ гъуанэщ.

Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж.

Гъатхэпэ уэгъурэ бадзэуэгъуэ уэлбанэрэ.

Гъэмахуэ тхьэмахуэр щIымахуэ гъуэмылэщ.

Гъэмахуэм гупкIэ жьауэри унэщ.

Гъэмахуэм умыгъэтIылъа щIымахуэм къэпщтэжыркъым.

Гъэмахуэм Iэжьэ щIы, щIымахуэм гу щIы.

Дэрбзэрым ущытхъумэ, бзыхьэхуэм джанэ къыпхухех.

Джэд пэтрэ мэулъэпхъащэ.

Дзейуэ зэгухьэмэ, хьэмыр ягъэнщI.

Дзыгъуибгъу зэдеIэмэ, кIадащхьэ трач.

Емыш мэшыбэ ещIэ.

Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ.

Емыса лэгъупэжь хъуркъым.

Жэмым и гъэшыр и бзэгум телъщ.

Жылэр зыгъашхэр шхын щхьэкIэ малIэ.

ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ.

ЗэкъуэшитI зэдеIэмэ, абрэмывэ ирач.

Зэхэшэ шэбэщ.

Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижитI мэунэхъу.

ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым.

Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.

Зигу мызагъэм Iэмбатэ гъунэр къехь.

Зыбзым пабжьэм хедзэри, зыдым къыхехыж.

ЗымыщIэм щIакIэ и Iусщ.

ЗыщI нэхърэ еплъ нэхъ Iэзэщ.

Илъэс Iуэху къэщтэжыгъуейщ.

Иримыкъу мэкъуауэ макIуэ.

Куэд жызыIэ нэхърэ - куэд зылэжь.

КъэзыкIухь Iыхьэншэщ.

КъэкIуэгъуафIэ кIуэжыгъуафIэщ.

КъэкIуэгъуэ джадэ нэхърэ - кIуэжыгъуэ джадэ.

КъутэгъуафIэ щхьэкIэ щIыжыгъуафIэкъым.

Лажьэм жьэ егъуэт.

ЛэжьакIуэжь и шэмэдж щIэщхъурэ?

ЛэжьэкIэмыщIэ и Iуэху хэщIыркъым.

ЛэжьэкIэмыщIэ щIакIэ и Iусщ.

ЛIым я нэхъ мыгъуэм Iуэхуибгъу зэпеч.

Махуэр кIыхьмэ, Iыхьэр мащIэщ.

Мэкъу еуэм зегъазэри, кхъуей зыхузыр тхьэмыщкIэщ.

Мэлым и цыр мэкъумылэм хэлъщ.

Мэлыхъуэ хъун и пщIыхьщ.

Мэлыхъуэр куэдмэ, мэлыр псэхэлIэ мэхъу.

Мыбзэф и лэныстэ мэбзакъуэ.

Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.

Мылэжьэф и гуахъуэкI бэлацэщ.

Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш.

Нэм илъагъу Iэм ещIэ.

ПсэукIэмыщIэ уэкъулэ щIрейщ.

Пхуэфащэ зыщIи, итIанэ щIэлъэIу.

ПхъащIэ Iэзэм мэзыр и благъэщ.

ПхъэIэщэжьыр къулеймэ, вагъэбдзумэ лей здехь.

Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ, гъунэ иумылъыж.

Уэсэпс хэмыхьэ Iыхьэншэщ.

Уеплъу ущыс нэхърэ, уисми, еIуб.

Узэгугъур къогугъуж.

Уи Iэдакъэ щIэмыкIар хьэрэмщ.

Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ.

УлIэмэ, уи IитIыр къыпщытхъужынукъым.

УщыщIалэм умыугъуеяр уи жьыщхьэ бгъуэтыжынукъым.

ФащIэ щIопщыншэщи, пхъащIэ уэщыкIыншэщ.

ХэкIэ зымыщIэ и гъубжэ дзагуэщ.

Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым.

Хуэмыхум зимыгъазэурэ мазэр къуохьэж.

Хьэ хыжыгъуэм аргъуейр мэятэ.

ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ.

Щхьэхынэм и махуэр кIыхьщ.

Щхьэхынэр тэджмэ, псыбафэр куэд мэхъу.

ЩIым зы ептмэ, щэ къуетыж.

ЩIыр щагуэшкIэ зэхуолъри, гъунэ щралъкIэ зокIуж.

Iэщыр зезыхьэм ейщ.

IэщIагъэ зиIэм Iэужь иIэщ.

IэщIагъэншэм и шэрхъ лъэныкъуабэщ.

Iуэху мыублэ блэ хэсщ.

Iуэху цIыкIу щыIэкъым, щыIэр лIы цIыкIущ.

Iуэхур жыIэгъуафIэ щхьэкIэ, щIэгъуафIэкъым.

                            Зэхуэзыхьэсыжар КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ.

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ