КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, нэкулъу ящIым процент 43,7-кIэ, шатащхьэм – процент 1,2-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ – проценти 8,9-кIэ хэхъуащ. ЩIакхъуэмрэ щIакхъуэхэкIымрэ, макарону къыщIагъэкIам и куэдагъыр къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм хуокIуэ. Зэпалъытыж пIалъэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, ерыскъыхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм зэфIэкIыфIхэр къагъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, республикэм сырэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым процент 25-кIэ, псыIэфIхэкIхэм – процент 15-кIэ хагъэхъуащ. Зэрыщыту къапщтэмэ, КъБР-м ерыскъыпхъэ къыщIэзыгъэкI и промышленностыр шэщIауэ мэлажьэ, иджыпстуи, къэралым щыщыIэ экономикэ щытыкIэм емылъытауэ, зеужь, ди цIыхухэр фIагъ лъагэ зиIэ шхыныгъуэхэмкIэ ирикъуу къызэрагъэпэщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|