Спортсменхэр ягъэлъапIэ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

Щхьэзакъуэ зэпеуэхэми ди лъахэгъухэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Килограмм 97-рэ зи хьэлъагъхэм я деж 2-нэ увыпIэр къыщихьащ Налшык къалэ УМВД-м и батальон хэхам и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыжь Мамхэгъ Ислъам. Чемпионатым и жэз медалхэр къахьащ УМВД-м административнэ хабзэр гъэзэщIэнымкIэ и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и капитан Пщыбыхь Аслъэнрэ республикэм щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Зэшай Шамилрэ. 
 Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав спортсменхэм ехъуэхъуащ. 
- Сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри лэжьыгъэшхуэш. Фэ ерыщу текIуэныгъэм фыхуэпэбгъащ, екIуу зыкъэвгъэлъагъуэу, фи къарур ефхьэлIащ гупым и щIыхьыр фIэтыным. Узыншагъэ фиIэу, къулыкъум ехъулIэныгъэхэр, текIуэныгъэ лъэщхэр адэкIи щызыIэрывгъэхьэну си гуапэщ, - жиIащ Крючковым. 
 
 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: