Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Лэжьэфыну ныбжьым ит, ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэу IэнатIэ Iумытхэм лэжьыгъэ яIэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуным хуэгъэпса комиссэм
хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 

№ 207-ПП                   2020 гъэм фокIадэм и 14-м                   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Лэжьэфыну ныбжьым ит, ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэу IэнатIэ Iумытхэм лэжьыгъэ яIэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуным хуэгъэпса комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 13-м къыдигъэкIа унафэ №212-ПП-мкIэ къащтам, къыкIэлъыкIуэ зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Хъубий М. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (Комиссэм и унафэщIщ)
Абазэ Хь. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Атмурзаевэ З. С. - Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэ­дзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгуры­Iуауэ)
Бездудная О. И. - Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и уна­фэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
Биту А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Бозий А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Гергоков Д. Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Дыкъынэ З. Хъу. - Къэрал IуэхущIапIэм - Уры­сей Федерацэм и Пенсэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щы­Iэм - и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
КIарэ Э. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ сатумкIэ и министрым и къуэдзэр
Локьяев А. Р. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Мэрем М. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэр
Лъостэн М. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и дэIэпыкъуэгъур
Чеченов И. Ш. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр;
б) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Иуан М. А., Мовсисян Г. О., Полиенкэ О. И., Ульбашевэ Е. М., Ульбашев И. Хъу., ШэнтIыкъу И. В.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI            МУСУКОВ Алий

Поделиться: