Куэдрэ къамыгъэсэбэпыжми, пщIэну щхьэпэщ

Дзыр – хьэцэпэцэр къыщахкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэ къраубыдыным хуащIа матэ) хагъэувэн щхьэкIэ, къранэ хабзэ мыха тIэкIу;
Джабэтхъ – лы щIагъуэ зыкIэрымылъ Iэщ уэд;
Емсыку – мафIэ гуащIэ узэмыкIуэлIэф;
ЕнцI – гъущI папцIэ захуэрэ гъэшарэ зыфIэлъ бжэгъу;
Епэрыпс – мэ дахэ къызыкIэрих ткIуаткIуэ (дыху, одеколон, н. къ.);
ЕпкIэуэн – бдзэжьейр кIэ мажьэкIэ епкIэуэн (и кIэр щызэридзэкIэ апхуэдэу хужаIэ);
Ехъуа – хуиту шха Iэщ (псалъэм папщIэ, къущхьэхъум щыIэу).
Енэб – папоротник – илъэс бжыгъэкIэ зыкъэзыужь къэкIыгъэ лIэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэр къабзийм ещхьщ, сантиметр 40-I00-м нэс я кIыхьагъщ. Мэз щIагъхэм, псыхъуэхэм, щIыпIэ псыIэхэм къыщокI. Адыгэхэм енэбым жьы хъуа и лъабжьэр хущхъуэу къагъэсэбэп.                       
    

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: