Псы псалъэм и зэтепщIыпщIэкIэ

  ГъэщIэгъуэнщ
                    
КIахэ адыгэбзэм хэтщ, «псы» -р зи лъабжьэ, абы къытепщIыкIа, дэ, къэбэрдейхэми, гурыIуэгъуафIэ тщыхъуну псалъэхэр. Къапщтэмэ, апхуэдэщ «псыбыбы», «псыкъепэпэх»  - псыкъелъэ; «псыгу» - псыку; «псыгъэхъун» - псы зэхуакум ит хъупIэ; «псыкIей» - псы зыдэт тIуащIэ, къуэладжэ; «псыкъуалэ» (шапсыгъ) – псыхьэлыгъуэ, псы кIантIэ; «псылъахъэ», «псыхъырз» - архъуанэ, псым зыщриIуэнтIыхь щIыпIэ; «псылъэукъ» - тафэм  зытезыгъэуфафэ, къуэпсыбэу зэбгрыж  псы; «псынакIэ» (шапсыгъ) – псынэм къытепщIыкIыжа псы хьэлыгъуэ; «псыутI» - зызымыгъэхъей, и пIэ имыкI псы, «псыхэ» - псы ежэхым и кIэух; «псыIу» - псы Iуфэ; нэгъуэщIхэри. 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: