ЛIэщIыгъуэ кIыхьхэм япсыхьащ

Адыгэ хабзэкIэ зэджэм ныбжьышхуэ зэриIэр нарт эпосым къыхощ, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, нарт хъыбархэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пасэ дыдэу къежьащ, пасэрей адыгэхэм - синдхэм, меотхэм, керкетхэм, зиххэм я деж щызэфIэувэри лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыщхьэдэхащ, ефIакIуэу, заузэщIу, щIэблэхэм щапхъэрэ бзыпхъэрэ яхуэхъуу.
Дэтхэнэ лъэпкъри ирогушхуэ и хабзэхэм, пщIэ хэха хуещI, ирогъуазэ, иропсэу, щIэблэхэм къахузэренэкI, зрагъэузэщIынкIэ, яхъумэнкIэ, ягъэбэгъуэнкIэ гугъэу. Хабзэхэм я нэхъыбэм гъуэгуанэшхуэ къызэпачащ, щIэблэ Iэджэм я акъылым къилэжьащ ахэр, лIэщIыгъуэ кIыхьхэм япсыхьащ. Адыгэхэр «адыгэ хабзэкIэ» йоджэ абыхэм, ахэр щыцIэрыIуащ адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм я дежи. ЦIыху гъэса ялъагъумэ, адыгэхэм я гъунэгъу лъэпкъхэм жаIэрт: «Адыгэ хуэдэщ». АркъудеймкIи гурыIуэгъуэщ адыгэм хабзэшхуэ зэрахэлъар, абы и фIыцIэ жыжьэ Iуауэ зэрыщытар. Адыгэ хабзэм хурагъэджэн щхьэкIэ, гъунэгъу лъэпкъхэм адыгэхэм я деж къан къашэрейуэ щытащ. Псоми ящIэрт адыгэ хабзэм цIыхур цIыхугъэм зэрыхуиущийр, лIыгъэм, пэжыгъэм зэрыхуигъасэр, цIыхум и пщIэмрэ и щIыхьымрэ илъытэфу абы щIэблэр къызэрыщIэтаджэр. Унэм щисми, цIыхум щахыхьэми, IэнатIэ пэрыхьэми хабзэм ткIийуэ тетын хуейуэ и къалэнщ адыгэм, и щхьэр хилъхьами, ебакъуэ хъунукъым абы.
Хабзэр къэзыгъэщIыр зэманымрэ гъащIэмрэщ, гъащIэмрэ зэманымрэ захъуэжыху, хабзэхэми зэхъуэкIыныгъэ ягъуэт, зым и къуэпсыр мэгъуж, зыр нэхъ Iэпэдэгъэлэл ящI, апхуэдэм и пIэ къоувэ цIыхухэм нэхъ яфIэкъабыл нэгъуэщI хабзэ - аращ Къэзанокъуэ Жэбагъы «Къебгъажьэр хабзэщ» щIыжиIар, итIани лъэпкъ хабзэхэм я нэхъыбапIэр къызэтонэ, уахътыншэ мэхъу. Уахътыншэ хъуауэ Iэджэ щIауэ къогъуэгурыкIуэ, псалъэм папщIэ, адыгэхэм хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэхэр. Хабзэшхуэ кIэлъызэрахьащ адыгэхэм нэхъыжьым - абы пщIэ хуэзымыщIыр цIыхум хабжэртэкъым, гупми зыхагъэхьэжыртэкъым. Унагъуэми жылагъуэми пщIэрэ нэмысрэ щиIащ цIыхубзми: лъыкIэ зэбий хъуар абы и псалъэм фIэлIыкIырти, зэкIужырт; шур, гъуэгум цIыхубз щрихьэлIамэ, епсыхырт, абы и ужь иувэрти, и унэ нигъэсыжырт, цIыхубзыр ихъумэну и къалэнти; цIыхубз щытмэ, цIыхухъум Iэщэ кърихыртэкъым, Iэщэ кърахауэ цIыхубз кърихьэлIамэ, Iэщэр ягъэтIылъыжырт.
Дяпэ итахэр лъэпкъ хабзэхэм ткIийуэ зэрытетар къаIуэтэжащ абыхэм щыгъуазэ хъуауэ щыта куэдым. Адыгэ хэкум къихьэ дэтхэнэми телъыджэ щыхъурт, псалъэм папщIэ, хьэщIэм кIэлъызэрахьэ хабзэр. «Дунейм теткъым абыхэм нэхърэ нэхъ хьэлэлрэ хьэщIэкIэ нэхъ гуапэрэ», - итхыгъащ Италием къикIа гъуэгурыкIуэ гуэрым адыгэхэм щхьэкIэ. I830 гъэм адыгэхэм къахыхьа урыс офицерым итхыжащ: «Адыгэ хэкум ихьэн мурад зиIэр хэгъэрей гуэрым деж екIуэлIэн хуейщ япэщIыкIэ. Абы и унэм исыху, ар щIэшынэн щыIэкъым. Натхъуэджым деж щыхьэщIа нэужь, Шапсыгъым кIуэнумэ, бысымым хьэщIэр абы ешэри, и благъэ е и цIыхугъэ гуэрым анэмэт хуещI, шапсыгъ бысымым ар, хуеймэ, Абэзэхэм иришэнущ, дэнэ къыщыхутэми, бысым иIэмэ, и щхьэ щIытешыныхьын щыIэкъым, хэку псор апхуэдэххэурэ зэлъищIысыфынущ…»
Хабзэр зыдэгъуэгурыкIуэр къэзыгъэщI лъэпкъыращ, лъэпкъым къигъэщIынукъым икIи зэрихьэнукъым езым фIэмыдахэ, фIэмызахуэ хабзэ. Зы лъэпкъым фIэзахуэр, фIэдахэр адрей лъэпкъым егъэлеяуэ къыщыхъункIэ, фIэемыкIункIэ е къыгурымыIуэнкIэ мэхъу. НэгъуэщIхэм къагурымыIуэнкIэ мэхъу, псалъэм папщIэ, адыгэм нэхъыжьым и гъуэгур щIызэпимыупщIыр; щхьэгъусэм и цIэкIэ щIемыджэр; цIыхум и пащхьэ иувэу щIыщымытхъур - и нэ щIэпIуу цIыхум и щытхъуцIэ жыпIэнри и нэщIыбагъкIэ бубынри зэхуэдэ икIагъэу къыщIилъытэр; уахыхьамэ, гупыр щIэтэджыр; нэхъыжьым упэпсэлъэжыныр (и псалъэ зэпыбудыныр) къызэрыримыгъэзэгъыр; нэхъыжь щыту нэхъыщIэ щIэмытIысыр… ЦIыхум и пщIэр зыгъэлъагэ апхуэдэ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа лъэпкъым игурэ и щхьэрэ зэтелъу, иригушхуэу жиIэу щытащ: «Сэ сыадыгэщ!»

Къартул Хьисэ.
Поделиться: