ЦIыху гъащIэр кIэщI зыщIхэм ящыщщ

Лъы дэуейм (гипертоние) цIыху куэд егъэщхьэжагъуэ. Къапщтэмэ, илъэс къэс дуней псом цIыху мелани 7 абы щолIыкI, мелуан I5-р хьэлъэу егъэсымаджэ.
ЦIыху гъащIэр кIэщI зыщIу къалъытэ узыфэхэм хабжэ лъы дэуейр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы нэхъыбэу къыхокI инфарктыр, инсультыр. КъызэралъытэмкIэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэр къэзыгъэхъейр аращ.
Лъы дэуей зиIэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым абы и щытыкIэр хьэлъэ зыщI зэхъуэкIыныгъэхэр щокIуэкI: нэм зэрилъагъум кIэреч, лъынтхуэхэр тэмэму мылажьэу, гур псынщIэу къеуэу мэхъу. Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэм апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр иIэ хъуамэ, ар гумрэ жьэжьеймрэ къатохьэлъэ икIи псынщIэу дохутырым зыхуумыгъазэмэ, узыфэр хэтIэсэнурэ куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуей хъунущ.
Сыт нэхъыбэу лъы дэуеиныр къызыхэкIыр? Ар нэхъыбэу зиIэр шыгъу, дагъэ зэбэкI ерыскъым, фадэм дихьэххэрщ, апхуэдэу холестериныр лъагэмэ, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр тэмэму зэщIэмыкIмэ, абы къыхэкIынущ. Абы къэхэкIыу шхыныгъуэ сырхэмрэ шыугъэхэмрэ гъэмэщIауэ хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ нэхъыбэ щIын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, тутын ефэнми Iэпкълъэпкъым и хьэлъагъым зэрыхэхъуэми къыхокI лъы дэуей лъагэр.
Лъы дэуейр сыт хуэдэ ныбжьым итми яIэнущ, ауэ нэхъыбэу игъэщхьэжагъуэр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ. Языныкъуэ цIыхухэм ар зэраIэр ямыщIэу къыщыхъуи щыIэщ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ цIыхур лъы дэуей лъагэм йосэж. Абыхэм зэман-зэманкIэрэ я щхьэр къыхэузыкIыу е уназэу, я Iэпкълъэпкъыр щIэлIэу щытщ. ТIэкIу зигъэпсэхуа иужь ар щхьэщокI, абы и щхьэусыгъуэр зэрезэшарауэ егъэувыжри, дохутырым зыхуигъазэркъым. Ауэ а узыр апхуэдэурэ хотIасэ. Арауи къыщIэкIынщ «нэрымылъагъу» цIыхуукIкIэ» абы щIеджэри. Нэхъыбэм лъы дэуейр зэраIэр цIыхухэм къезыгъащIэр къраджа «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и дохутырхэрщ.
Фи щхьэр щIэх-щIэхыурэ узмэ е унэзамэ, фи гур псынщIэу къеуэмэ, фыкъэпщIантIэмэ, фи нэкIур къызэщIэплъэмэ, щIыIэ техьэгъуэм фиубыдмэ, гузэвэх фыхъумэ, лэжьыгъэр къыфтехьэлъэ хъуамэ, фи нэхэр щыункIыфIыкIмэ, пщэдджыжькIэрэ фи нэкIур къэпщауэ хъумэ, ахэр лъы дэуей фиIэнкIэ зэрыхъунум и нэщэнэщ.
Лъы дэуей узэриIэр къэпщIэну зы Iэмал закъуэщ щыIэр: махуэ къэс ар къэпщын хуейщ, уи щытыкIэр зыхуэдэм емылъытауэ. Зыщывмыгъэгъупщэ, лъы дэуейр зэрыхъур къэвмыпщауэ, узыфэр къыпхуэхутэнукъым, узэреIэзэнури къыпхуэщIэнукъым.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: