КъБР-м и телъыджиблыр

Анкудиновэ Наталье Новосибирск областым къыщыдэкI «Тогучинская газета»-м и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым хэту КъБР-м щилъэгъуахэм дунейпсо мыхьэнэ иIэу къелъытэ журналистым. Ауэ и Iуэтэжыр жыпхъэ къызэрымыкIуэм иригъэуващ. ДыщIэвгъэдэIут езы Наталье и псэлъэкIэм.

«Умышынэ, газетеджэ! Сэ сытепсэлъыхьынукъым хы щIыIум тет уэздыгъэхэми, къум кIуэцIым ит пирамидэхэми, хьэуам кIэрыщIауэ ягъэкI хадэхэми! Уэрэ сэрэ нобэ къэпщытэныгъэ гуэр едгъэкIуэкIынщ. Уа, сыту уи фэр пыкIа занщIэу? Умыгузавэ, къэбжыхьын хуей хъунукъым. ЖысIэм укъедаIуэурэ зэгъусэу дыгъэгупсысэ, нэхъыбэ сыхуейкъым.

Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъэкIуэныр куэд щIауэ сигу ислъхьат. Уи фIэщ хъурэ? Упсэу абы щхьэкIэ! ЗэрымыщIэ защIэкIэ ар мы гъэм къызэрызэхъулIар гъэщIэгъуэнкъэ? Ди IэщIагъэм и фIыпIэр - хамэ щIыпIэхэм лэжьакIуэ узэрагъакIуэрщ. Арати, «Си щIыпIэ жыжьэ» урысейпсо фестивалым гъуэгу дыкъытришащ. Аращ! Аргуэру дыздэкIуэр Кавказырщ! Мыбы хьэщIэм щыхуахъумэ гуапагъыр укъызэрысу уи гум йотIысхьэ. Уеблэмэ мы щIыпIэм укъыщалъхуауэ зэи умыкIуэжыну къыпщагъэхъуф бысымхэм. Си ныбжьэгъухэр нэхъ пасэу къэкIуауэ щытащ Налшык, я гукъэкIыжхэри удэзыхьэхт. Ауэ си нэкIэ слъэгъуахэр си нэгу къыщIэзгъэхьа псоми ятекIуащ.

ИIэ, Налшык теухуа псори псалъэрыджэгукIэ къэдгъащIэ. «КъБР» хьэрфищым пхуигъэзэгъэнущ республикэм и телъыджиблыр. Сыт ахэр блы фIэкIа щIэмыхъур, жыпIэнкIи хъунщ. Щхьэ мынэхъыбэрэ? Нэхъыбэщ, шэч хэмылъу. Телъыджагъэу мыбы щыплъагъуфынур щэм щIегъу, ауэ дэтхэнэм уи гулъытэр хунэсын мы махуэ зыбжанэм?»

ГъэщIэгъуэну зи тхыгъэр зыухуа Наталье республикэм и фIэщыгъэр къызэрыкI хьэрфищым деж къыщрегъажьэри, ди щIыналъэм гукъинэжу и нэгу щыщIэкIахэр къребжэкI. Урыс хьэрфхэмрэ адыгэ Iэлыфбеймрэ зэрызэтемыхуэм абы и гупсысэр зэхъуэкIыныгъэншэу къыдигъэIуатэркъым. Ауэ и мыхьэнэкIэ къапщтэмэ, Анкудиновэр топсэлъыхь КъБР-р зэрыдахэм, зэрыбейм, псэм зэрыпэгъунэгъум, къинэмыщIхэм.

«Бгы лъапэхэмрэ псыежэххэмрэ я дахагъыр! Нэм къиубыд псоми пщIэ хэIэтыкIа зэрадэплъагъур! Iуащхьитхумрэ абыхэм яхэт Iуащхьэмахуэшхуэмрэ! Ахэр плъагъун къудей щхьэкIэ укъакIуэ хъунт мы щыпIэм! Дунейм теткъым гуапагъэм нэхърэ нэхъ мылъкушхуэ. Республикэм щыщ цIыхухэр псэ хьэлэлхэщ, шыгъу-пIастэкIэ фIыхэщ, езыхэри зэхуэгуапэу зэдопсэу. КъБР-р псэм пэгъунэгъуу жыдэзыгъэIэр ар лъэпкъ куэдым я унэу зэрыщытырщ. Iэмал имыIэу щыткъым абы ущымыщынкIэ. Зы махуэкIэ фIэкIа ущымыIэну укъэкIуами, щIыналъэр ууейм хуэдэу гъунэгъу къыпхуохъу. Адыгэм и унэ ебэкъуар хэту щытми, абы зы бадзи къызэрытемытIысхьэнум ухуэмышынэ. Уеблэмэ лъыкIэ и бийм нэгъунэ иритынущ адыгэм хуэфащэ пщIэр. ХьэщIэр сыт хуэдэ зэмани къебгъэблагъэу зыхуей хуэбгъэзэныр мы лъэпкъыр зэи зэмыпцIыжыну къалэнщ. А хабзэм уебакъуэмэ, тезыр къыптралъхьэнущ. Ар дэни щызекIуэу щытамэ арат. Урысейм щыщ псори зыщIэхъуэпсыр апхуэдэ уафэ мамырщ».

АдэкIэ Наталье топсэлъыхь Налшык дэт ухуэныгъэхэм. Дэтхэнэ зыми тхыдэ щхьэхуэ зэриIэр къыхэщу, Новосибирск щыщ корреспондентыр ди блэкIам ироплъэ. Ныбжьышхуэ зыщIэкIа унэхэм уи нэр къыпхутехыркъым. Абы къыхохьэж щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр. «Мыбы щыIэ Гуэл ЩхъуантIэхэр Швейцарием ейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ дахэщ, - етх Анкудиновэм. - Къысхурырагъэгъу а къэралым щыпсэухэмрэ зыщызыгъэпсэхухэмрэ, ауэ ди Урысейм и дахагъыр ящIамэ, абы нэс кIуэнтэкъым».

Адрей корреспондентхэри зытепсэлъыхьыжа Iуащхьэмахуэ лъапэмрэ лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ я гугъу ищIа нэужь, Наталье ди цIыхухэр къызэрыщыхъуа гупсысэм зрегъэубгъу: «Мыбы щыпсэухэр зыми ещхькъым. Ахэр пщы защIэу къыпфIощI, сурэтыжьхэм къиувыкIауэ я уэрамхэм щызекIуэу. БжьыфIэрэ екIухэу, гуапэрэ бзэ IэфIхэу, я нэгум гуфIэр кърихрэ игъащIэ лъандэрэ пцIыхуауэ къыпщыхъуу апхуэдэхэщ. ФIыщIэ яхузощI а псом щхьэкIэ.

Иджы сэри гуращэщIэ сиIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зэ нэхъ мыхъуми къэзгъэзэжыну. Ауэ тхьэмахуэ зыбжанэмэ, нэхъыфIыжщ. Уэри, газетеджэ, ар къохъулIэну сынохъуэхъу».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: