Валиевэ Камилэ и къафэщIэр

  ФокIадэм и  24-25-хэм Урысейм  фигурнэу  къэжыхьынымкIэ и гуп  къыхэхам  хэтхэм  я программэщIэхэр  утыку кърахьащ. Пекин щекIуэкIа олимпиадэм  и  гуащэ  гъэфIэн  хъуа,  итIанэми,  гугъу  дыдэ щехьа  Валиевэ Камилэ аргуэру цIыхухэм я гулъытэр ихьэхуащ.

 Псэ хьэлэл  зиIэ   цIыхум  и гъащIэ гъуэгур  дэгъэзеигъуэ защIэщ   жыпIэмэ, куэд  къэуIэбжьынущ: Алыхьым къыббгъэдилъхьам   уасэ щIумытыжу хъурэ? Валиевэм  и  программэщIэри жытIэм и щыхьэтщ.  Пщащэр  мыл гъуджэм и щIыIум зэрытехьа   къафэщIэр зылъэгъуахэм ящыщу   зи  нэпс щIэзымыпIытIыкIа  куэд   къэнакъым. «Уи  тэмакъыщIэр  зэщIичу   къэфащ  Камилэ», - тепсэлъыхьыжащ  и  нэгу щIэкIам  «Плющенкэ  и мелыIычхэр»  академиер  зыгъэлажьэ  Руденкэ Янэ.

 Езы  Камилэ  и  программэщIэмкIэ  цIыхухэм  щэхуу зыгуэр   яжриIэну  хэтауэ жеIэ,  ар къызыхэщIыкIа  хьэрфхэр  и  къэфэкIэм  щыгъэпщкIуауэ.  УрысыбзэкIэ  «фIэщхъуныгъэ» псалъэр  зэрыхъур хьэрфиплI къудейщ. Валиевэр  зэреплъымкIэ,  Пекин щекIуэкIа  олимпиадэм  щыхуримыкъуар  абы и закъуэщ.  

 Тутберидзе  Этери и гъэсэнхэр адрейхэм къахэщыр пэжми, мы тэтэр хъыджэбз цIыкIум  хуэдэу зи  псэр мыл  щIыIум  къыщытIэпI  куэд  абыхэм  яхэткъым. Адрейхэри  екIуу йохьэри къокIыж утыкум,  щыуагъэншэу  куэд  яхузэфIокI, ауэ  хамэпсэм  лъэIэсыр  псэ  къабзэ зиIэрщ.    Сыт хуэдэ Iэмалу  пIэрэ   Камилэ  и  иджырей  программэм   цIыхугур  къызэригъэчар? Илъэс I6  фIэкIа мыхъуу,  къэралым  и  пщIэр  хъумэныр зи пщэ къыдэхуа хъыджэбз  цIыкIум  къыщыщIа  псори  хиубыдэу  хузэхалъхьащ  и къафэщIэр.  Уеблэмэ цIыхухэр къызэреплъыр хуэмышэчыжу, и щхьэм  капюшон  фIикъуауэ  зэрыщытари  нэгум къыщIигъэхьэжащ.  

ЦIыхум илъагъу дахагъэр  езым хуэшэчыну гъунэм зэрикIыу, фыгъуэн щIедзэ. Ардыдэр  къыщыхъуащ  мы Iуэхуми. Камилэ Iэзэу  къызэрыфар къызытехьэлъэхэм  абы  и гъэсакIуэ  Тутберидзе  Этери  и  гущIэгъуншагъым тепсэлъыхьын щIадзащ.  Сыт хъыджэбз цIыкIур аргуэру а бэлыхьым щIрипхыжар?  Япэрауэ, - ярет абыхэм жэуап  Руденкэ Янэ, - хъыджэбз цIыкIум  фIэмыфIын макъами къэфэкIи и тренерым къызэрыхимыхынур гурыIуэгъуэщ.  Камилэ мылым къытекIыжа  нэужь, езы тIум  зызраупсейуэ  зэгъусэу зэрыгъари абы  и щыхьэтщ. И гъэсэнхэм ягу носыф Тутберидзе. Камилэ олимпиадэми и закъуэу утыку къыщринакъым, иджыри  пщащэм  и фэм дэкIа бэлыхьыр гъуазджэ IэмалкIэ щIригъэшэчыжар  къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр  ичыфын  щхьэкIэщ.

 - Камилэ, уэ сытым  дежи уогуфIэ. Зыми уигу химыгъэщIу ара? – еупщIащ пщащэм  журналистыр.

- Сыт-тIэ ущIэмыгуфIэнур? Дыузыншэщ, ди  Iыхьлы-благъэхэм щыщIэныгъэ  яIэкъым, дэтхэнэ  зы махуэми  фIыщIэ хуэщIын  хуейщ.

 Псэ  хьэлэл  зиIэ  цIыхур  спортыр  къецIыкIуэкI  къыпфIэщIу, дахэщ. Арагъэнщ  Камилэ дагъуэ къыхуэзылъыхъуэхэм  яхужымыIэр. Ауэ ари зыужьыныгъэм  и нэщэнэщ. Пщащэм и щхьэр къызэриIэтыжар  абы еплъ псоми гуIэтыжыпIэ  яхуэхъуу  ,  езы гъащIэм  зихъуэжынуми зыми ищIэркъым.  

Валиевэр апхуэдизкIэ цIыхубэм и гупсэ хъуащи,  и ныбжьым хуэмыфащэ бэлыхьхэри   ишэчын  хуей  зэрыхъур пIэщоху.  Зэчий  зыбгъэдэлъ  цIыхум  хъуэрымрэ  нэщIыбагъ  псалъэмрэ  яхуэщщ, нэтемыгъахуэм хуэдэу.  Махуэ  зыбжанэ  ипэкIэ, Валиевэм   допинг  зрихьэлIауэ  гурыщхъуэ  къыхуэзыщIа  IуэхущIапIэм  и  къэпщытэныгъэхэр  иухри,  пэж дыдэу  хъыджэбз  цIыкIур къуаншэу  къыщIрагъэдзащ.  ИтIани, Камилэ  а псор  и  Iэзагъым  зэран  хуимыгъэхъуу, ипэкIэ мэкIуатэ. Хъыджэбзым  и  гъэсакIуэ Тутберидзе Этери  и пщIэр абы нэхъри  нэхъ лъагэ  зэрищIым нэмыщI,  псэ  къабзэкIэ  зэбгъэдэт  цIыхуитIыр  сыт хуэдэ  гугъуехьми зэрыпхыкIыфынур  нэрылъагъущ.

 

                                                                           

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: