НОБЭ

Дыгъэгъазэм и  15, махуэку

♦Шейм и дунейпсо махуэщ

♦УФ-м и Дзэ-хьэрш къарухэм я Радиотехникэ дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ

♦1917 гъэм Дзэ Плъыжьым и япэ нагъыщэр - Вагъуэ плъыжьыр къащтащ.

♦1921 гъэм РСФСР-м и ВЦИК-м и деж Къэбэрдей автоном областым и лIыкIуэ щыIэныр хабзэу гъэуващ.

♦1912 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РСФСР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Балъкъэр Мыхьэмэт.

♦1922 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, публицист Джэдгъэф Аслъэмырзэ.

♦1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мамбэт Хьэлым.

♦1928 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Дзу Iэбубэчыр.

♦1931 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Ло Инал.

♦1951 гъэм къалъхуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэзан Аслъэнджэрий.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мыз Майе.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ