Мы махуэхэм

Дыгъэгъазэм и 17, щэбэт
Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ
Урысейм и Къэрал фельдъегер къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, адыгэхэм я деж печатым зэрызыщиужьам и къэхутакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ХъуакIуэ Заур.
1946 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м и академик, къэрал лэжьакIуэ Шыхъуэстэн Абдулхьэмид.
1970 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - I0, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адакъэр мэIуэкIэ нэху щын къанэркъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ