НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 20, гъубж

ЦIыхухэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
УФ-м Къэралым шынагъуэншагъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1760 гъэм
къалъхуащ адыгэпщ, урысеидзэм полковникыу къулыкъу щызыщIа ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил-Бей.
1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, публицист, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа ГъуаплъащIэ Заудин.
1952 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретару щыта ХьэIупщы МуIэед.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым щIыIэр градуси 5 - 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыхуфI и тхьэкIумэ дэгущ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ