Кавказ лъэпкъхэм XVIII-XX лIэщIыгъуэхэм зэрахьа щыгъыныр

Кавказ тхыдэр зыджхэм фIыуэ яцIыху Урысейм и этнографие музейм илъэс щэ ныкъуэкIэ щылэжьа, «Кавказ лъэпкъхэм XVIII-XX лIэщIыгъуэхэм зэрахьа щыгъыныр» тхылъ цIэрыIуэр зи IэдакъэщIэкI Студенецкая Евгение. Адрей лъэпкъхэм я тхыдэми къыдэкIуэу, ди Хэкум пасэ зэманым щызекIуэу щыта зыхуэпэкIэр зэфIэзыгъэувэжа бзылъхугъэм хуэдэу гунэсу адыгэ фащэм тетхыхьа щIэныгъэлI нобэр къыздэсым щыIэкъым. 

Адыгэ цейр

Адыгэ цейр Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я деж нэхъ щызекIуэ хъулъхугъэ щIыIутелъ щыгъынщ. Нэхъыбэм ар къызыхащIыкIыр езыхэм зэIуаща бозт. Ауэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэм – XX и пэм пщIантIэм зэрыдэкI цейхэр фабрикэм къыщIигъэкIа боз къэщэхуам къыхащIыкIын щIадзащ. Езыхэм зэIуащэж бозыр цым и фэхэм ещхьт: гъуабжэ, фIыцIэ, морэ, хужь, зэзэмызэ - гъуафэ е плъыжь-морафэ. Цей хужь ущрихьэлIэр зэзэмызэххэт, ар пщы-уэркъхэм яхухэха фэт. Къэбэрдейм цей хужьи щIакIуэ хужьи пщы-уэркъхэм ящымыщхэм щыщатIэгъэну хуиттэкъым. Боз къэщэхуа къагъэщхьэпэн зэрыщIадзам фэ зекIуэхэр ихъуэжа нэужь, цей щIыхухэр, плъыжь-морафэхэр, плъыжь-фIыцIафэхэр къежьащ. 
Цейм и бзыпхъэр къэпталым (иужькIэ «кавказ джанэ» зыфIащыжам) ейм хуэдабзэщ, ауэ абы пщампIэ теткъым, и гупэр зэгуэхщ. И бгым хуэзэу щIыIу зыбжанэ итщ, и щIыIунэхэр щагъэм къыхэщIыкIауэ. И Iэщхьэхэр быхъущ икIи захуэщ, гупым зэрыхыхьэ цейхэм я Iэгъуапэхэр Iэ тхьэмпэм фIэкIыу кIыхьщи къыдрагъэджэрэзей. 
Щызэрахьэ зэманым, ар зыщыгъ нэрыбгэр здэкIуэм, езыр зищIысым елъытауэ, цейм и кIыхьагъым зыбжанэрэ зихъуэжащ. XIX лIэщIыгъуэм и кIэм – XX и пэм зекIуа цейм и кIыхьагъыр мащIэу лъэгуажьэм фIэкIырт. XX лIэщIыгъуэм и кIэм цей кIыхьхэр, щIым хилъафэу пIэрэ жыпIэу, къежьащ, ар шухэрат нэхъ зыхуэщIар. Ауэ апхуэдэ цей щызытIагъэр цIыху хэIэтыкIахэм я закъуэти, куэдрэ зекIуакъым. 
Цейр Iэпкълъэпкъым хуэфIу йоувэ, и бгым деж щегъэжьауэ нэхъ быхъу хъууэрэ йох, а псоми бзыпхъэ щхьэхуэ иIэщ. ЦеикIэр сантиметрипщI-пщыкIутIкIэ зэгуамыдэу къагъанэ. 
 Цейр шым уритесыну тыншщ, къыщыпкIухькIэ Iэпкълъэпкъым щызэпекъуркъым, псым узэпрыкIынкIи, бгым удэпщеинкIи, нэгъуэщI куэдымкIи тыншщ. ЦеикIэр зэран хъумэ, къаIэтри бгым даупщIэ. Гу нэхъ зылъыптэу цейм хэт Iыхьэр бгъэгуитIым ирикIуэ хьэзырылъэхэрщ. Ахэр къызэрыунэхурэ куэд щIакъым. Фэм къыхэщIыкIауэ щыта хьэзырылъэхэр XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм кIуэдыжыпэри хьэзырылъэхэр езы цейр къызыхэщIыкIа щэкIым къыхащIыкIын щIадзащ. 
ЛъэныкъуитIымкIэ ирикIуэ бгъэгущталъэ цIыкIухэм я бжыгъэр им щегъэжьауэ пщIым нос. Хьэзырылъэхэр нэхъ лъагэу традэу щытащ пасэ зэманым, ауэ хуэм-хуэмурэ къекIуэтэхащ. 
ПщIэ нэхъ зиIэ бгырысхэм ящыгъ цейхэм я хьэзырылъэхэм, цей къуащIэхэм XVIII-XIX лIэщIыгъуэм и пэм щагъэ кърадэкIыу щытащ, ауэ ар XIX лIэщIыгъуэм и кум кIуэдыжащ. КIэкъуащIэр, Iэщхьэр, зэгуэхыпIэхэр щIамыдэн папщIэ, езы цейм и фэм ещхь щагъэкIэ къадыхьырт. А щагъэ дыдэм щIыIухэмрэ щIыIунэхэмрэ къыхащIыкIыжырт. 
Нэхъ цей ехьэжьауэ ялъытэр пкъым ижыхьам хуэдэу хуэфIу ящыгъращ. А лъэныкъуэмкIэ бгырыс бзылъхугъэхэм я Iэзагъыр Iуэтэгъуейщ. МастэнэкIэ IэпэIэсэ дыдэхэм «шу блэкIым бзыпхъэ трахыфырт». А Iэзагъыр нэхъри иригъэфIакIуэрт цейми, къэпталми, уеблэмэ джэдыгуми я дыкIэр яхъуэжрейуэ зэрыщымытым. 
Цейм и щIыIухэр пхауэ щагъагъ, и бгым бгырыпх щIэпхащ. Абы къамэ, кIэрахъуэ, сэшхуэ кIэрыщIащ. Апхуэдэ щIыкIэу цейр зезыхьэ хабзэр нэхъыбэу адыгэ лъэпкъхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм, осетинхэм щыщхэрат. ТIэтауэ цейр зыщыгъыр ныбжьышхуэ зиIэ дадэхэрат. Ар цIыхум зэрыхыхьэ щыгъын лъапIэт япэ къэсым, псом хуэмыдэу къуэкIыпIэ кавказ лъэпкъхэм, зэригъэпэщыфу щыттэкъым. 
Япэ дыдэ сабийм цей щыхурагъэдыр илъэси 10-12 щыхъум и дежщ. МэкъумэшыщIэ сабийхэм ар щIалэ цIыкIум илъэс зыбжанэкIэ хуэхъун хуэдэу ирагъэдырт, ауэ цейр ящылэлу зыщыгъхэр зыхуэпэкIэ зыщIэ пщы-уэркъхэм я ауант. 
Цейм и тыншагъым и щыхьэт наIуэщ бгырыс цIыхухъу фащэр – уанэ телъхьэкIэри, шы тесыкIэри, Iэщэ зехьэкIэри, нэгъуэщI куэди дэщIыгъуу - зэрыщыту тэрч къэзакъхэм къызэращтар. ИужькIэ, XIX лIэщIыгъуэм и плIыщI гъэхэм, а фащэр къэрал унафэкIэ Кавказым ит къэзакъыдзэхэм къащтэри, абы иужькIэ езы бгырысхэм я деж щиIэ пщIэми хэхъуащ. 
 «Черкескэ» цIэр цейм езытар ар япэ дыдэ адыгэ-шэрджэсхэм ящыгъыу зылъэгъуа урысхэращ. Къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ абы «цейкIэ» йоджэ, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ «чепкен», нэгъуейхэм «шопкъан» жаIэ. 

Хьэзырхэр

Хьэзырхэр япэщIыкIэ къызэрежьар гын зракIутэ пхъэ бжьамий цIыкIуущ, итIанэ бдзапцIэшэхэр иралъхьэн щIадзащ. Фочыр хьэзыр Iупэм щаузэдкIэ къагъэщхьэпэ хъыдан цIыкIу Iуалъхьэжырт. Ауэ нэхъ зекIуэр дахэу тхыпхъэкIэ гъэщIэрэщIа гъущIым, иныкъуэм дыжьыным е дыщэм къыхэщIыкIа щхьэтепэ цIыкIухэрат. Фочхэр къежьа нэужь, хьэзырхэр къамыгъэсэбэпыж хъури, фащэр ауэ сытми зэрагъэщIэращIэ Iыхьэу къэнащ. Ахэр баш псыгъуэ цIыкIум къыхащIыкI, хьэзыр Iупэхэр гъущIым, къупщхьэм е бжьакъуэм къыхэщIыкIащ, ахэр лэч фIыцIэкIэ щали щыIэщ. Цей фIыцIэм и хьэзыр Iупэхэр къупщхьэ хужьым къыхащIыкIырт, цей сырыхум ейхэр – фIыцIэм. Хьэзырхэр узэрыхуейуэ дэтхэнэ кIапэмкIи хьэзырылъэм иплъхьэ мэхъу. 

Бгырыпхыр 

Бгырыпхыр цIыхухъу фащэм къыгуэпх мыхъун и Iыхьэт. Хъулъхугъэр бгырыпх щIэмылъу уэрамым къытехьэ хъунутэкъым, нэхъыжьми нэхъыщхьэми я пащхьэ бгырыпхыншэу ихьэну емыкIут. 
Бгырыпхым щакIуэм е зекIуэм узыхуэныкъуэн хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр фIадзэрт: щалъэ – Iэщэм дагъэ щахуэр зралъхьэ гъущI щталъэ зэбгъузэнатIэ; фочыр зэрызэпкърах Iэдэ; шалъэ, фалъэ, нэгъуэщIхэри. Сытми, бгырыпхыр бгъэгущталъэ папщIэу арат. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэращи – бгырыпхым Iэщэр кIэрыщIат: къамэ (е пхъампIэм илъ сэ), кIэрахъуэ, сэшхуэ. Iэщэм зихъуэжыху бгырыпхым и мыхьэнэми зихъуэжурэ ар иужьым щыгъыным и Iыхьэ щIэращIэ къудейуэ къэнащ. ЕкIуу гъэщIэрэщIа бгырыпхым ар зыщIэпхар ирищхьэпэлъагэт, зыхуэпэкIэ зэрищIэр абыкIэ къигъэлъагъуэу. 

Вакъэр 

Фэм къыхэщIыкIа вакъэр лъэпкъ псоми я деж щызекIуэрт, ауэ нэхъыбэу абы ущрохьэлIэ адыгэхэм я деж. Къэбэрдей пщы-уэркъхэр къыхэзыгъэщт абыхэм я фэ вакъэ плъыжьыр. Къэбэрдейхэм япэщIэувэ бийхэм ар зыщагъэгъупщэртэкъым. Вакъэ плъыжь зылъыгъ зауэлIым уеуэмэ, пашэхэм яз хэбгъащIэу арат. КъэбэрдеибзэкIэ абы зэреджэр лъахъстэн вакъэщ. Ар и лъэгум деж щызэгуэдащ. Абы нэмыщI иджыри лъэдакъэ зыщIэт вакъэ лIэужьыгъуи щыIащ. 

ПыIэр 

ПыIэр бгырыс фащэм и Iыхьэ пажэхэм язщ. «Щхьэр псэумэ пыIэ щыщIэкъым», «Узэчэнджэщын уимыIэмэ, уи пыIэжьыр щхьэрыхи ечэнджэщ» жаIэ бгырысхэм. ДызэпсэлъылIахэм занщIэу ягу къэкIыж а псалъэжьхэм къагъэлъагъуэ цIыхухъум пыIэ щхьэрыгъыпхъэу псоми къызэралъытэр. Унэм щыщIыхьэкIэ пыIэ зыщхьэрахыртэкъым, ауэ щIыбым зэрыдэтыр зыщхьэрихыу, пыIэ цIыкIу зыщхьэрызытIагъэ щыIэт. Бгырысхэм я щхьэр яупст е кIэщI дыдэу щIащэрт, ари и щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ сыт щыгъуи пыIэ ящхьэрыгъыпхъэу псоми щIалъытэм. ПыIэхэми ахэр зэрыщхьэрагъэс щIыкIэми зэман дызытепсэлъыхьым и кIыхьагъкIэ зыбжанэрэ захъуэжащ. 
ПыIэхэкIхэр лIэужьыгъуитIу дгуэшащ – къызыхэщIыкIамрэ теплъэмрэ елъытауэ. Япэ лIэужьыгъуэм зэрыщыту цым къыхэщIыкIа пыIэ псори хеубыдэ. ЕтIуанэм - цы зыIуда, зи щхьэгур щэкIым е упщIэм къыхэщIыкIа пыIэхэр хохьэ. А псори тыркубзэр и лъабжьэу урысыбзэм къыхыхьа «папаха» цIэм къызэщIеубыдэ. 
Ещанэ лIэужьыгъуэу упщIэ пыIэхэр къыхэтхащ, еплIанэу – щэкIым къыхэщIыкIа бащлъыкъхэр. 

Бащлъыкъ - щхьэрыхъуэн

Бащлыкъыр Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъ псоми яцIыху, зи мыхьэнэр тырку псалъэ «баш» - «щхьэ» жыхуиIэм къытекIащ. Адыгэхэр абы щхьэрыхъуэнкIэ йоджэ. А мыхьэнэ дыдэр бащлъыкъым абхъазхэми ират. Бащлъыкъ хъужыр зи кIапэхэр ухъурея щхьэфIэлъхьэщ. 

Кавказ лъэпкъхэм зэщхьу зыщIахуапэр

Фащэр зыгъэхьэзырыр бзылъхугъэхэрати, ахэр зы лъэпкъым къикIыу нэгъуэщIым хыхьэ хъумэ, лъэпкъитIыр фащэкIэ зэхъуэжыну Iэмал къыкъуэкIырт. Пщы-уэркъхэм я хабзэт я пщащэхэр хамэ лъэпкъхэм иратыни, аращ нэхъыбэу и щхьэусыгъуэр зы лъэпкъым и зыхуэпэкIэр адрейм ей щIэхъуам, къежьэм зэрызыдрагъэкIур дыщIыбгъужмэ. Шэч закъуи хэлъкъым къэбэрдей пщы-уэркъхэм я зыхуэпэкIэр абыхэм я жьауэ щIэта гъунэгъу лъэпкъхэм зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу яхэта нэхъыщхьэхэм къызэращтам. 
 

 

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: