МедалитI къахьащ

Тхэквондо

Ростов щIыналъэм и Шахты къалэм ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ КИФЩI-м тхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн.

Атлетикэ псынщIэмкIэ аренэм къыщызэIуаха зэхьэзэхуэм щызэпеуат илъэс 12 - 14-хэм ит щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.

Килограмм 57-рэ хъухэм я деж тхуэнейрэ утыку къыщихьа Къэзанш Къасболэт зэIущIэ нэхъыщхьэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуа, Краснодар крайм щыщ Бутылкин Никитэ хигъащIэри, турнирым щытекIуащ.

И хьэрхуэрэгъухэм плIэнейрэ ятекIуа Щоджэн Басир (кг 37-рэ) Дагъыстэным щыщ Шайихмагомедов Абубакр къефIэкIри, дыжьыныр къылъысащ.

Къэзанш Къасболэт къигъэлъэгъуа зэфIэкIыр къалъытэри, дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал игъуэтащ. Щоджэным ди къэралым и щIыхьыр Европэм щихъумэнущ.

НыбжьыщIэхэр я гъэсэнщ тренерхэу Унэжокъуэ Абдельджабаррэ Ахъмэт Амиррэ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: