Абазэ Темболэт и ехъулIэныгъэ

Алыдж-урым бэнэкIэ

Тэтэрстаным и Альметевск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 24-м нэмыса щIалэхэр.

Зи хьэлъагъыр килограмм 87-рэ хъухэр зыхэт гупым щыбанэу, Абазэ Темболэт и хьэрхуэрэгъуиплIри хигъэщIащ. КIэух зэпеуэм абы къыщыпэщIэуват Владимир областым щыщ Борисов Савелий. Абы текIуэри, Абазэм япэ увыпIэр зыIэригъэхьащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: