Илъэсищэ зэрырикъуар ягъэлъапIэ

         Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щызэхэтащ  «Динамо» спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэ.

         Абы кърихьэлIат республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, «Динамо» зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ ветеранхэмрэ.

         Республикэм щыIэ МВД-м и унафэщI, КъБР-м и «Динамо» зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий зэIущIэм къекIуэлIахэм хъуэхъукIэ захуигъазэу жиIащ: «Динамо» зэгухьэныгъэм илъэсищэ лъэхъэнэм къриубыдэу зи лэжьыгъэм хуэIэижь IэщIагъэлI куэд игъэхьэзыращ. Абыхэм узэрыпагэ хъун, ехъулIэныгъэ ин зиIэ спортсмен мымащIэ утыку кърашащ. Чемпион хъуахэм я бжыгъэм дяпэкIи   хэхъуэну дыщогугъ».

         ЗэIущIэм къекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ советым и секректарым и къуэдзэ, «Динамо» зэгухьэныгъэм и ветеран Залиханов Къанщобий. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ къаIэта Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зэрыритыр, «Динамо»-мкъызэринэкIа илъэсищэм лэжьыгъэ щхьэпэу куэд ди республикэм зэрыщызэфIигъэкIар. ЗэIущIэм и кIэм юбилейм ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ яхуэупсащ лэжьыгъэм къыхэжаныкIа, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ къулыкъущIапIэм и унафэщIхэмрэ ветеранхэмрэ.

 Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам министр Павлов Василий спортым хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ фIыщIэ хуищIащ икIи ЩIыхь тхылъ иритащ.                                                  ШАФИЙ Аслъэн.

  

Поделиться:

Читать также: