СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Дзюдо

Урысейпсо зэпеуэм домбеякъыу тIу къыщахь

Мэкъуауэгъуэм и 2-3 хэм Новочеркасск и Мыл уардэ унэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ XXIII урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ СССР-м спортымкIэ и мастер, Новочеркасск къэзакъ округым и атаману щыта, Недвигин Геннадий.

Саугъэтхэмрэ УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэмрэ къэхьыным хуэгъэза зэпеуэм щIэбэнащ ди къэралым и щIыналъэ 24-м къикIа спортсмен 24-м нэблагъэ.

А зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэм медалитI къахьащ. Домбеякъхэр зыIэрагъэхьащ Пщынокъуэ Альбертрэ (кг 90), Глашев Джанбулатрэ (кг 100).

 

Атлетикэ псынщIэ

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм

Сабийхэм я дунейпсо махуэм ирахьэлIэри, атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэ Налшык щекIуэкIащ. Абы хэтащ курыт еджапIэхэм щIэсхэу сабийуэ, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и «Олимп джэгухэм хэтыну щIалэгъуалэр щагъэхьэзыр еджапIэм» я гъэсэнхэри яхэту, спортсмен ныбжьыщIэу щэм нэблагъэ. НыбжьыщIэхэр зэпеуащ атлетикэ псынщIэм и лIэужьыгъуиплIкIэ,- къэжыхьынымкIэ, пкIэнымкIэ, хьэфэ топ дзынымкIэ, дэлъеинымкIэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэр я ныбжь елъытакIэ гуэшауэ зэпрагъэуащ.

А зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ хъыджэбзхэм ящыщу, Арчибасовэ Викторие, Узденовэ Софие, Султыговэ Хьэнифэ, Магомадовэ Элинэ сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Гурциевэ Златэ, Чыржын Самирэ, Хьэмыз Алимэ, Тарасовэ Марие сымэ. Ульбашевэ Таирэ, Атабиевэ Маликэ, Газаевэ Амелия, Настаевэ Камиллэ сымэ ещанэщ.

ЩIалэхэм ящыщу Табулов Георгий, Къэшэж Ренат, Мамбэт Самир,Тхьэзэплъыж Мансур сымэ япэ увыпIэр къахьащ. ЕтIуанэ хъуахэщ Скляр Дмитрий, Бекъул Тимур, Тхьэзэплъыж Тембот, Джанхотов ДжэбрэIил.

ЛIуп Данил, Рудь Тимур, Сулейман Аймар, Султыгов Исмэхьил сымэ ещанэщ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ атлетикэ псынщIэмкIэ мэкъуауэгъуэм икухэм Налшык щекIуэкIыну республикэпсо зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал ягъуэтащ.
 

Алыдж-урым бэнэкIэ

Урысейпсо зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щаубыд

Ногинск къалэм дэт, узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж физкультурэ комплексым «Знамя»-фIэщыгъэцIэр зиIэ щрагъэкIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ XXIX урысейпсо зэхьэзэхуэр. Ар къызэрагъэпэщащ олимп джэгухэм я чемпион Балбошин Николай и фэеплъу. Апхуэдэуи, Балбошиным и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэбэнащ урысейм и щIыналъэ 23-м къикIа спортсмени 109-рэ.

А зэхьэзэхуэм килограмм 63-рэ хъухэм я деж щыбанэу, хэгъэрей Тимофеев Артём къыхигъащIэри, Къэрэгъул Анзор дыжьын медалыр къыщихьащ. Бабочиев Умар (кг 77-рэ) домбеякъыр зэпеуэм щызыIэригъэхьащ.

Теннис

Прохладнэ щокIуэкI

1998 гъэм къыщыщIэдзауэ, теннисымкIэ зэхьэзэхуэ гъэ къэсыху Прохладнэ къалэм щрагъэкIуэкI. Ар къызэрегъэпэщ КъБР-м ТеннисымкIэ и федерацэм. Зэхьэзэхуэм цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэпеуащ.

Абы хэтащ Москва, Ставрополь, Владикавказ, Каспийск, Прохладнэ, Терскол, Налшык икIа спортсмен 39-рэ. ЦIыхухъухэм я деж зэпеуэм щытекIуахэщ:

Моргоев М.М.( Налшык къ.), Бекузаров А.А. (Владикавказ къ.), Гурьянов И.А.( Ставрополь къ.), цIыхубзхэм я деж къыщыхэжаныкIащ Холод В.В.( Ставрополь къ.),

Зэгъусэу цIыхухъухэр щызэпеуэм бжьыпэр яубыдащ Прохладнэ щыщхэу Гъубж А.В. Малкандуев А.А.  Габуев В.К. (Владикавказ), Гурьянов И.А.(Ставрополь) сымэ.

Зэгъусэу цIыхубзхэр щыджэгум япэ увыпIэр къахьащ Ставрополь къикIахэу Тришкинэ О.А.,Шуруповэ Р.Р.

Зэхьэзэхуэ хэхам щытекIуащ: Владикавказ щыщхэу Кисиев А.А., Жуйков В.А.

Лъакъуэрыгъажэ

ЦIыху 400-м нэблагъэ хэту

Налшык щекIуэкIащ лъакъуэрыгъажэ псынщIэкIэ къэжыхьынымкIэ II Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзат ЛъакъуэрыгъажэкIэ къэзыжыхьхэм я дунейпсо махуэм.

А зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, апхуэдэуи, гъунэгъу щIыналъэхэми щыщ  спортсмен 400-м нэблагъэ.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэригъэпэщащ «КъБР-м Лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ и федерацэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: