КИФЩI-м и зэхьэзэхуэ

Ставрополь крайм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщхэм каратэ-киокушинкаймкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ щIыналъэм къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам щыщу, я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэр къахьащ Шыд Ислъам (кг 47-рэ), Бейкъул Имарэ (кг 60), Конторин Роман (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 37-рэ) сымэ. А зэпеуэм дыжьын медаль къыщихьащ Джатэ Эльдар (кг 55-рэ).

НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Биткашевхэ Давидрэ Емельянрэ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: