УвыпIэ нэхъыщхьэхэр яубыд

СтIолыщхьэ теннис
Ростов къалэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ «Донская ракетка-Триада» зыфIаща зэхьэзэхуэр. Стариков Василий и фэеплъу къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ 17-м къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэр къыхэжаныкIащ абы - «Кавказские орлы» щIалэ гупым япэ увыпIэр къахьащ. «Дружина» хъыджэбз гупым дыжьын медалыр зыIэрагъэхьащ.
Командэхэм я зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ къалэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ. А гупым хэтащ Серегин Данил, Космачёв Иван, Котов Матвей, Табаковэ Елизаветэ, Мазалевэ Софье, Егоровэ Евэ. Апхуэдэуи, щхьэзакъуэ зэпеуэм домбеякъ медалыр къыщихьащ Космачёв Иван.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: