ЦIЫКIУХЭМ НОБИ ЯХУЭУПСЭ

УсакIуэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Лъэпкъым и щIэблэр гъэсэнымкIэ, дахагъэм, хабзэм, нэмысым щIэпIыкIынымкIэ цIыкIухэм яхуэтхэ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ къалэн ин ягъэзащIэ. Ахэращ къэкIуэнум гъуазэ хуэхъур, абы и лъэныкъуэкIи нэхъыбэ дыдэу псэкIэ гугъу ехьхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сабийм и нэкIэ гъащIэм ухэплъэныр, и гурыщIэхэр зыхэпщIэныр, абы игу дыхьэу, фIэгъэщIэгъуэну тхыгъэ къэбгъэщIыныр тыншкъым. Апхуэдэм еувэлIэфынур усакIуэ, тхакIуэ нэхъ псэ къабзэ, псэ пIащIэ дыдэхэр аращ - АфIэунэ Лиуан хуэдэ зырызыхэрщ.

АфIэунэ Лиуан Алий и къуэр Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1957 - 1960 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. 1960 гъэм «Къэббалъкъпромстрой» трестым IэнатIэ щыпэрыуващ, абы щылажьэурэ епщIанэ классри къиухыжащ. 1998 гъэм къыщыщIэдзауэ Тырныауз дэт вольфрам-молибден комбинатым и къудамэу Налшык щыIэм щылэжьащ.

Зэрынэрылъагъущи, АфIэунэ Лиуан и лэжьыгъэкIэ литературэми щэнхабзэми пэIэщIэу щытащ, ауэ Тхьэр зэчийкIэ къызэретам и фIыщIэкIэ абы лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ нэс хуищIыну хузэфIэкIащ.

АфIэунэм балигъхэмрэ сабийхэмрэ яхуэгъэза усэхэр, апхуэдэуи къуажэхь гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ, ахэр иту тхылъ зыбжани дунейм къытехьащ. Апхуэдэщ «Къэрабэ» (1976), «Дадэ и сурэт» (1983), «НэщIэпкIэ» (1990), «Псынэ цIыкIу» (1993), «Хэмыхъуэ МыхъуратI» (1996), «Усыгъэхэр» (1998), «ШыщIэ цIыкIу» (2003),«Хъыринэ» (2008) н.

АфIэунэ Лиуан нэхъыбэу зыхуэтхар цIыкIухэр арами, усакIуэм и сабиипсэ хьэлэлыр, ар Iыхьэлейм икIауэ зэрыгумащIэр и балигъ тхыгъэхэми къыхэщащ. АфIэунэр и балигъ усэхэм «зэрыщыпсалъэ» бзэри сабиибзэм пэгъунэгъущ.

АфIэунэм и IэдакъэщIэкIхэм яхэтщ гъащIэм и философиер, и хабзэ щхьэмыгъазэхэр зи лъабжьэ усэхэри. Абы и щапхъэщ «Кхъужьейм и жэуап» усэр. И гупсысэ нэхъыщхьэр пэщIэдзэ зиIэм кIэухи зэриIэрщ, гъащIэр чэзууэ зэрызэхэлъырщ, сыт хуэдэ къэхъугъэми езым и фIыгъуэ пIалъэ зэриIэжырщ, жьыгъэмрэ ажалымрэ япэлъэщын къару къызэримыгъэщIарщ. ЕдзыгъуитI фIэкIа мыхъу усэ кIэщIым философие гупсысэ куу зыбжанэ щызэхэухуэнащ, абы и купщIэ нэхъыщхьэри зэпсэлъэныгъэ (диалог) гъэпсыкIэ гъэщIэгъуэным тету къэIуэтащ.

АфIэунэ Лиуан и сабиибзэ-усэбзэр шэрыуэщ икIи къулейщ: абы и мыхьэнэр инщ икIи цIыкIухэр усэм дихьэхыу абы нэхъ гурыхуэ хуэхъунымкIэ, апхуэдэуи я бзэм, псалъэ къэпсэлъыкIэм зегъэужьынымкIэ къалэн пыухыкIахэр егъэзащIэ. Лиуан и усэхэм ящ1элъ макъ зэщIэжьыуэ куэдым ахэр дзапэ уэрэд цIыкIум и IукIэм, и ритмикэ псынщIэм пэгъунэгъу ящI, абыхэм я фIыгъэкIи ар къеджэгъуафIэ икIи гукъинэж мэхъу.

АфIэунэ Лиуан езым и хъэтI къигъэщIыжащ, езым и художественнэ къэIуэтэкIэ телъыджэрэ и усыгъэм нэхъыбэу хуэщ лексикэрэ зэригъэпэщыжащ. ЖытIам и зы щыхьэтщ «КIэпхъ» зыфIища усэр.

АфIэунэ Лиуан адыгэ сабий литературэм нэхъыбэ дыдэу зезыгъэужьахэм ящыщщ. Езым тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIахэм нэмыщI, и IэдакъэщIэкIхэр «Азбукэм», пэщIэдзэ классхэм щадж «Анэдэлъхубзэм», «Адыгэ сабий литературэ», «Вагъуэбж» тхылъхэм, сабий садхэм папщIэ зэхалъхьа программэхэм хагъэхьащ. УсакIуэм и IэдакъэщIэкI зыбжанэ ихуащ «Къэбэрдей усэм и антологием».

КъызэщIэкъуауэ къэбгъэлъагъуэмэ, АфIэунэ Лиуан къызэринэкIа литературэ щIэиныр зи пIалъэр имыкIыжын фIыгъуэщ. Езыр къытхэмытыжми, ар дахагъэкIэ, къабзагъэкIэ, IущыгъэкIэ и усэхэр зыдж цIыкIухэм ноби яхуоупсэ икIи яхуэупсэнущ адыгэбзэ зыIурылъу зы цIыху закъуи дунейм тетыхукIэ. АпщIондэхукIэ усакIуэм и цIэри тщыгъупщэнукъым, езыри и Iэужьхэм - лъэпкъым къыдекIуэкI тхыгъэ купщIафIэхэм - щыпсэунущ.

ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ