Нобэ

Бадзэуэгъуэм и 27, махуэку
1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
1924 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.
1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин.
1936 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей.
1940 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус.
1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэнэтI Лидэ.
1952 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIэныгъэлI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къуиикъуэ Асфар.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 – 30, жэщым градус I9 – 24-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ХьэщIэр гъафIэ, цIыхуфIыр лъытэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ