НОБЭ

ШыщхьэуIум и 1, гъубж
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.
1938 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, критик, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛъапцIэрыщэ Хъалид.
1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ ЭкологиемкIэ, цIыхум шынагъуэншагъэмрэ щIыуэпсымкIэ дунейпсо академиемрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Шапсыгъ (КIэкIыхъу) Дамир.
1953 гъэм къалъхуащ Хэкум къэзыгъэзэжахэр жылагъуэм хэзэгъэжынымкIэ щадэIэпыкъу унэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщI Бэрзэдж Убых (Нихьэт).
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 30, жэщым  градус 20 -  24-рэ  щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Ажэр мэлым я пашэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ