Тхыдэр убзэркъым, мэущие

Псэ зыIутыр зыгуэрым щыгугъыу мэпсэу. Унагъуэ зиIэм быным я къэкIуэнур фIым зэрыхуигъэзэн, я гъащIэр гъуэгу захуэ зэрытригъуэвэн хэкIыпIэхэр къеулъэпхъэщ. Дунейр тIэу пкIэгъуэ зыхуэмыхъу щIалэм хъуапсэр и гум щызщи, илъагъум хуэнэхъуеиншэу, зэхихыр хуримыкъуу мэпсэу. УкIытэр зищIысыр зыхэзыщIа пщащэми нэхугъэ мыухыжкIэ зэригъэпцI гугъапIэхэр жыжьэу гум щигъафIэу мэпсэу, абыхэм зэралъэIэсын, гъунэгъу зэрызахуищIын Iэмалхэр и щытыкIэкIэ зэIуищэу. Арыххэуи, хъуапсэрэ гугъэрэ зимыIэ зыри щыIэкъым. Хъуапсэр ущызыгъэIэ, псэуныгъэм уезыпх къару лъэщщ. Ар хуищIыкIыркъым зауэми, хуэгъэужьыхыркъым Iэмалыншагъэми, хуэгъэкIуэдыркъым гущIэгъуншагъэми. ИлъэсищэкIэ екIуэкIа лъапсэкIуэд зауэм адыгэхэр лъэрыщIыкI ищIами, къэкIуэн зэриIэм зы меданкIэ и гугъэхэр хихыжакъым, КъэзыгъэщIам зыфI гуэр къазэрыпигъаплъэм фIэщхъуныгъэ хуаIэу я хьэдэр ягъеижу, я лъхугъэр зэщIапIыхьу къекIуэкIащ. Мис апхуэдэ гугъэ мыкъутэжщ зытеухуар гупсысэным куууэ уезышалIэ тхылъ хьэлэмэту Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIар.
Адыгэ тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн куэдым зэхахащ Адзын Мухьэмэд и цIэр. Адзынэм тхакIуэу зимылъытэжми, и къалэмыпэ къыщIэкIа романитIым – «ЯхуэмыгъэIурыщIахэр» («Непокоренные») икIи «ГухэщIыгъуэ къызэзыт си гупсысэхэм я ныджэм» («На берегах моей печали») жыхуиIэхэм – щIэупщIэшхуэ ягъуэтащ, тхылъыр зи Iэпэгъухэми хьэлэмэт дыдэ къащыхъуат. Псалъэ зэгъэпэщам и гъэпсыкIэмрэ и ухуэкIэмрэ щыгъуазэ куэдыр, зэрыщыт дыдэм хуэдэу жыпIэмэ, Адзыным къигъуэта къэIуэтэкIэ Iэмалхэм емыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым, абы зэришалIэ Iуэхугъуэхэр «къызэрызэщIигъаплъэмрэ» зэрызэблигъэкIымрэ зыфIэмыгъэщIэгъуэн яхэткъым.
ТхыгъитIми къаIуатэр зэхьэлIар ди тхыдэрщ. «ЯхуэмыгъэIурыщIахэр» романыр зытеухуар блэкIа гъунэгъурамэ, Урыс-Кавказ зауэм и къэхъугъэ гуауэхэрамэ, иджы дунейм къытехьэ тхыгъэр зытеухуар Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къызэщIигъэстурэ Кърым хъаныгъуэр адыгэщIым зэрыпхъуакIуэ къызэрихьэу щытарщ, цIыхур бэлыхьлэжьаем хадзэурэ зэтраукIэу, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ гъэрыпIэм яхуу къызэрекIуэкIарщ. ТхакIуэм а лъэхъэнэм ирипх къэхъукъащIэхэр апхуэдизкIэ фIэщ щIыгъуафIэу зэкIэлъегъакIуэри, езым и еплъыкIэ зэрыхилъхьари, тхыдэ къэхъугъэр нэхъ гъунэгъу тхылъеджэм хуищIын папщIэ къигупсысу хилъхьэ мотивхэри занщIэу къыхэбыбудыкIыфыркъым. Романым и лIыхъужьхэр ипэжыпIэкIэ псэуам хуэдэу уадогумэщI, языныкъуэхэм зэрахьэ залымыгъэм бырсыр уищIу, нэгъуэщIхэми я гумащIагъэм укъызэфIигъанэу. Пэжщ, тхыдэр тегъэщIапIэ щыпщIым деж екIуэкIам ублэплъыкIыу къэхъукъащIэхэм нэгъуэщI зэкIэлъыкIуэкIэ епт хъунукъым. Ар итIанэ тхыдэр зи лъабжьэ тхыгъэ хъужыркъым. Ауэ тхакIуэм и къалэныр блэкIам и щапхъэхэмкIэ щIэблэм дерс яритыныр аращи, а тхыдэр къызэриIэтым, псалъэкIэ зэрызэригъэпэщым, тхылъеджэм зэрыбгъэдилъхьэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Псори зы Iуэхушхуэм толажьэ – лъэпкъ щIэжыр къаIэт.
Лъэпкъыщхьэр хъумэныр, уеблэмэ къызэтенауэ пщэдейрей махуэхэм хуэгъэпсэуныр нобэкIэ зэгъэтIылъэкI имыIэу зи Iэмалхэр къэлъыхъуэн хуей Iуэхуу къытпэщылъщ. Адыгагъэм пкъощIэсэ хуэхъу Адыгэ Хабзэм щыщу гущIэгъур, гулъытэр, гукъэкIыр, цIыхугъэр, щабагъэр, хьэщIагъэр, зэхуэгъэкIуатэр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, нэгъуэщI куэдыр къызэщIэIэтын хуей мэхъу лъэпкъ щIэжым хуэбгъэлажьэ гукъэкIыр нэгъэса хъун папщIэ. Адзын Мухьэмэди аращ ищIэр: и романхэм хишэ лIыхъужьхэр къыбоцIыху зэрахьэ цIыхугъэмкIэ, къызыхагъахуэ хьэл-щэнхэмкIэ. Абыхэм шыIэныгъэ ин яхэлъщ, я нэхъ щытыкIэ гугъу дыдэми лъэгуажьэмыщхьэкIэ зыкърагъэгъэтIысыркъым, я щхьэм и пщIэр яIыгъыжщ, дзыхэу е игу кIуэдауэ бийм зыкъригъащIэркъым. ШыIагъэм кIуэцIылъ къиин псори гъэвыгъуейми, цIыхур щIэпсэур щIэблэрауэ зэрыщытыр, гугъапIэр кIуасэмэ, цIыхугъэ зэрыщымыIэжынур романым къызэрыхэIукIыр зыхэпщIэу щIыбоджыкI.
Узыпэмыплъа Iуэхугъуэ куэду зэрыкI мотив зэмылIэужьыгъуэкIэ зэхэухуэна сюжетхэр романым дахэу щызэрокI, гупсысэу къапкърыкIхэри еджэм деж нэгъэсауэ гъэсэпэтхыдэ мэхъу. Хэкум хуэщIыпхъэ Iулыджымрэ лъагъуныгъэмрэ къиIэт адыгэ щIэжым и уэрэдщ зэрыщыту романыр жыпIэми, ущыуэнукъым. Гупсысэныр къалэн зыщызыщIыжа тхакIуэр абы и ныджэм щIэх-щIэхыурэ Iуелъасэ. Дауи, блэкIам ироплъэжри, лъыуэ щагъэжамрэ лэжьэншэу кIуэдахэмрэ я гуIэгъуэр пкърохьэ, абы щхьэлажьэ ещI, егъэнэщхъей. Гупсысэ ныджэр тхакIуэм и акъылым къитIасэ зэхэщIыкIым и къэгъэщIыгъэщ, къуэпсыбэу задз, ауэ дэнэ лъэныкъуэкIэ зимыдзми, къилъыхъуэр зыщ – адыгэр зэрымыкIуэдыжын гъуэгур здэщыIэр иригъэлъагъунырщ, зригъэплъэкIыжурэ блэкIам и дерсхэр абы щызэщIищыпэу ирыригъэкIуэнырщ. Мызэ-мытIэу дунейм къытехьа романым апхуэдэ къару хэлъщи, дыщогугъ гулъытэ игъуэтыну, псом хуэмыдэу тхакIуэм жиIэну зыхуейр ар зыIэщIыхьэхэм зэхахыну.
Куэдрэ жаIэ: блэкIар нобэм и гъуджэщ, пщэдейм и щхьэгъубжэщ. Ар пэжщ. ЦIыхум гувэми щIэхми зыщыщым, къызыхэкIам, дунейм щIытетым ехьэлIа упщIэхэр зыхуигъэувыжу хуожьэ. Жэуап щигъуэтым деж, гушхуауэ адэкIэ мэбакъуэ, ищIэмрэ щIищIэмрэ къыгурызыгъаIуэ нэрымылъагъу Iэщэ IэщIэлъщи, ауэ и щIыб къыдэлъ, къызыхэкIа лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щымыгъуазэр Iэбэрабэурэщ гъащIэм зэрыхэтыр, жыпIэпэнуращи, егъэзыпIэ зымыгъуэт жьуджалэм хуэдэу дунейм жьыбгъэм къыщрехьэкI. Мыпхуэдиз гупсысэр къызэкIэлъыдгъэкIуэн хуей щIэхъуам я щхьэусыгъуэр романым къелъыхъуэри, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа тхылъыр абы нэсу хуэлэжьэну дыщIохъуэпс.
Адзын Мухьэмэд и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэшхуэр, щIэныгъэлI, литературэхутэ БакIуу Хъанджэрий зэрыжиIащи, адыгэ псалъэ зэгъэпэщыкIэр ипэкIэ зэригъэкIуатэм и мызакъуэу, лъэпкъ гупсысэр къэзыIэт тхыгъэщ, адыгэ литературэми хуэфащэ щIыпIэ щызыгъуэта къэгъэщIыгъэщ, гъащIэ кIыхь къызыпэщылъ Iэужь узыншэщ. Аращ-тIэ, тхыдэр убзэркъым, ар мэущие, романыр уахътыншэ абы ещI.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: