Щабагъыр хьэл-щэн дахэм и щхьэщ

 Iущыгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я хьэтыр зылъагъу цIыхухэм пщIэ зыхуащI Iимамщ Шэджэм ЕтIуанэ жэмыхьэтым и унафэр зыIэщIэлъ ХъуэкIуэн Арсен. Муслъымэн хьэл иIэну щIэхъуэпсым щабагъымрэ тэмакъкIыхьагъымрэ нэхъыфI зэримыгъуэтынур къыщыхегъэщ Iимамым и хъутIбэм. 
 «Дэ къытхэтщ диным е езым и щхьэм хуэмыфащэ гуэр къыщрапэсым деж, занщIэу цыжьбанэм хуэдэу зыкъэзыIэт, - жеIэ ХъуэкIуэным. - УкъыдэIусэ, укъыттеIэбэ мыхъуу, занщIэу дахэуэну, дедзэкъэну, зыIурыддзэну дыхьэзырщ. Ди хьэл мыдахэмкIэ, емыкIумкIэ сыт хуэдиз цIыху нэхъри IудгъэкIуэтрэ? АтIэ мы диным дыкъызыхуриджэри, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам цIыхухэр къызэрыдихьэхыу щытари щэн дахэщ. Дэри абы дыдэплъеин хуейщ. 
  Мы диным и дахагъыр цIыхухэм къедгъэлъагъун хуейуэ къалэн къытщызыщIа Алыхьталэми, щапхъэу диIэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхами дыкъызыхуриджари дызыхуигъэсари хьэл-щэн дахэ тхэлъынырщ. «Щабагъыр Iущыгъэм и щхьэщ», - жаIэ цIыху губзыгъэхэм. Алыхьталэм сыт щыжиIэр КъурIэн лъапIэм? «Къыхуеджэ ахэр уи Тхьэм и диным Iущыгъэрэ ущие дахэкIэрэ». Сэламыр зэха Мусарэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж щигъэкIуами, сыт яжриIар Алыхьталэм? «Сэракъэ фи Тхьэ лъапIэр?» - жиIэу, фирхьэуныр Тхьэуэ зыкъызыщыхъужа тепщэ ерут. «ФыкIуи щабэу фепсалъэ абы, е шынэнщ, е зыщIэгупсысыжынщ», - яжриIащ абы и деж щигъакIуэм. Апхуэдэ цIыху икIэм нэгъунэ щабэу епсэлъэну унафэ щахуищIакIэ, дэ тхуэдэ цIыхум диным и дахагъэр къыгурыдгъэIуэну дыщыхуежьэкIэ, шэч хэлъ а Iуэхум щабагъэр ипэ идгъэщу дыбгъэдыхьэн зэрыхуейм?  
 Сыт Алыхьталэм и ЛIыкIуэ лъапIэм теухуауэ КъурIэным щыжиIэр? «Фэ езым фщыщу ЛIыкIуэ къыфхуэкIуащ. Абы къохьэлъэкI фэ гуэныхь гуэр щывлэжьым деж. Ар фэ къыфхуосакъ, къыфтеубгъуащ. Алыхьыр зи фIэщ хъуахэм яхуэщабэщ ар, гущIэгъуи яхуещI». Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и хьэл дахэм къыщытхъуу, КъурIэным мыри иткъэ: «ИпэжыпIэкIэ уэ ирикъуауэ, нэгъэсауэ, хьэл-щэн дахащэ пхэлъщ». 
  ЦIыху Iущхэм жаIауэ мыпхуэдэ псалъэхэри щыIэщ: «Iиманыр зыгъэдахэр щIэныгъэрщ. ЩIэныгъэр зыгъэдахэр лэжьыгъэрщ. Лэжьыгъэр зыгъэдахэр щабагъырщ. Зыгуэр зыгуэрым хэлъхьэжын хуеймэ, щIэныгъэмрэ тэмакъкIыхьагъымрэ хуэдэу зэкIуитI гъуэтыгъуейщ». 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: