Тхьэщыгъуей Жаннэ: Сыт хуэдизрэ утыкум укъихьами, абы уитыху уогузавэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэщ Тхьэщыгъуей Жаннэ. Сыт хуэдэ роль игъэзащIэми, ар комедие е драмэ ирехъуи, и артист Iэзагъэр зыхуэдэр нэсу къигъэлъагъуэу утыкум итщ. Абы и щыхьэтщ хуаIэт Iэгуауэшхуэхэр, театреплъхэм я фIылъагъуныгъэр. Тхьэщыгъуейм адыгэ театрым и зыужьыныгъэм хуищIа гуащIэри гулъытэншэу къэнакъым - къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр.

 - Илъэс 30 лъандэрэ театр утыкум ущиткIэ, артист IэщIагъэм и щэху псоми ухэгъуэзащ. Сыт фIыуэ, сыт Iейуэ хэлъ абы?
- Артист IэщIагъэм и мызакъуэу, адрейхэри къапщтэмэ, лэжьыгъэм уигу ирихьу упэрытмэ, ар уи дежкIэ фIыщ. Гугъуехь гуэр зыхэмылъ щыIэкъым, ауэ IэщIагъэр уи псэм къыщыдыхьэм и деж ахэр лъэпощхьэпо пхуэхъуркъым. Апхуэдиз илъэскIэ сэ IэнатIэм сыщыпэрыткIэ, дауи, сыщыгъуазэщ абы ифIми и Iейми. Артистхэм сыт нэхъ къатехьэлъэр жыпIэмэ, ди IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ зэрырамытырщ, пщIэ, гулъытэ яIэн хуейм хуэдэ зэрамыгъуэтырщ. Мыбы къеджэ цIыхухэм жаIэнкIэ мэхъу: «IэщIагъэ ар сытми, зызыкIэщIашу утыкум иту аращ ахэр». ЗызыкIэщIэтшу утыкум диту аракъым, дыхуеджауэ IэщIагъэ диIэщи, дигури ди псэри етауэ абы дыхуэлажьэу аращ. А тщIэр зыхуэгъэзари цIыхухэращ.
- Спектаклым щыбгъэзэщIэну ролым зыщыхуэбгъэхьэзыркIэ абы сыт хуэдиз зэман текIуадэрэ?
- Спектаклым узэрыхэтыр, роль къуатар зыхуэдэмкIэ хъыбар къыщыуагъэщIэм деж щегъэжьауэ пьесэр афIэкIа дгъэлъэгъуэжынукъым жаIэу театрым и репертуарым хагъэкIыжыху абы уелэжьынущ, ар сыт хуэдиз зэманкIэ екIуэкIми. Башбеков Шараф и «Железная женщина» спектаклым илъэс I8-кIэ сыщыджэгуащ икIи апхуэдизкIи а ролым селэжьащ.
- Жаннэ, утыкум уесэжа хьэмэрэ…
- Утыку къихьэгъуэ къэскIэ согузавэ. Нобэрей си джэгукIэр цIыхухэм ягу ирихьыну пIэрэ, псалъэхэр сщымыгъупщэжыну пIэрэ… Куэд зыбогъэзэхуэ абдежым. Утыкум укъыщихьэкIэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми ухуэхьэзыру ущытын хуейщ. Псалъэм папщIэ, театреплъхэм зыгуэр къыхэпсэлъыкIмэ е телефон макъым образым «укъыхиудынкIэ» хъунущ. Аращи, сыт хуэдизрэ утыкум укъихьами, абы уитыху уогузавэ.
- Уи дежкIэ мыхьэнэ иIэ зи гъусэу утыку уитыну артистым?
- Ролыр зыгуэшыр режиссёрыр аращ, дэ абы зыри хэтлъхьэфынукъым. Дауи, режиссёрым езым и лъагъукIэ иIэжщ а ролыр зэрыгъэзэщIэн хуейми, ар зыхузэфIэкIыну къыщыхъу артистхэр и спектаклым хегъэхьэ. Шэч хэмылъу, щыIэщ нэхъ тыншу узыдэлэжьэф артистхэр, апхуэдэхэм я гъусэу зы утыкум уитыныр гупсэхугъуэщ. Артистхэм я кум сыт хуэдэ зэхущытыкIэ дэлъми, ахэр зы спектаклым щыджэгуну режиссёрым къыхихамэ, абы псалъэмакъ къыхэкIын хуейкъым. Утыкум укъыщихьэкIэ псори зыщыбгъэгъупщэу, образым уихьэн хуейуэ аращ.
- Ролым фыщелэжькIэ, режиссёрым и жыIэм фыкъытекIыу абы фи еплъыкIэ гуэр хэфлъхьэну фыхуит?
- Режиссерым и хъэтIым техуэмэ, абы лэжьыгъэм щишэщIа гупсысэр зэIимыгъэхьэмэ, ар къыбдаIыгъынущ.
- Къыпхуагъэфэщэ ролхэмкIэ сытым дежи уарэзы?
- Хьэуэ, ауэ сигу иримыхьми соджэгу. Ар нэхъыфIу зэрызгъэлъагъуэным, театреплъым игу зэрыдыхьэным сыхущIэкъуу.
- БгъэзэщIэну узыщIэхъуэпс роль щыIэ-тIэ?
- Сыщеджэм щыгъуэ Уильямс Теннесси и «Трамвай «Желание» спектаклым Бланш и ролыр щызгъэзэщIэну сыщIэхъуэпст. Ар ди театрым Дэбагъуэ Роман щигъэувари, роль нэхъыщхьэр щызгъэзэщIащ. Си хъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ.
- Утыкум къыщыбгъэщIа образхэм зыми и мыхьэнэр езгъэлъэхъшэхкъым, ауэ сэ Тхьэщыгъуей Жаннэ щыжаIэкIэ занщIэу си нэгу укъызэрыщIыхьэр Толстой Алексей и «Орёл и орлица» спектаклым щыбгъэзэщIа пащтыхь гуащэм и ролымкIэщ. Ар фIы дыдэу къохъулIауэ къысщохъу. Адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ образщ ар. Сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ хуиIэу иужь уихьа а ролым?
- Спектаклым сызэрыхэтынур къыщызжаIэм, Гуащэней теухуауэ интернетымкIи тхылъкIи тхыгъэ куэд седжащ. Нэхъыбэм ар къызэрыщыгъэлъэгъуар цIыхубз псынщIэущ, щхьэзыфIэфIущ. Абы хужаIэ псомкIэ сэ сыарэзыкъым, адыгэ хабзэр, нэмысыр а зэманым ткIийуэ зэраIыгъыу щытар къэплъытэмэ. Абы щыгъуэми ар пщым и пхъуу, апхуэдэхэр псом я дежкIи щапхъэт. СпектаклымкIэ сэ сыхущIэкъуащ ар адыгэ цIыхубз нэсу зэрыщытыр къэзгъэлъагъуэну. Пэжщ, тхакIуэм тхыгъэм щыпхриша гупсысэ нэхъыщхьэр нэхъыбэу зрипхар Грозный Иванрэ и блыгущIэтхэмрэщ. Абы къыхэкIыу пащтыхь гуащэм и ролыр инкъым. Сэ сыхуеят о образымкIэ Гуащэней и хэкуэгъухэм, и дэлъхухэм я хуиIэ щытыкIэр нэхъ куууэ къэзгъэлъэгъуэну. Апхуэдэу щытми, ролыр си гум къыдыхьэу, псэкIэ зыхэсщIэу згъэзэщIащ.

Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: