Газет напэкIуэцIхэр щэкIым тегъэуауэ

 ЦIыхухэр куэду зэщхьэщокI. Ауэ «щыгъын дахэ сщыгъарэт» жызымыIэ яхэту пIэрэ абыхэм, псом хуэмыдэу – цIыхубзхэм?! Газет напэкIуэцIыр щыгъыным сурэт папщIэу тебгъауэ хъуну япэу зигу къэкIар хэту щытми, игу къэкIам япэу теIэбэфар франджы дэрбзэр Iэзэ Скиапарелли Эльзэщ. Абы и «Модэм и унэрщ» япэу газет сурэтхэр щыгъыным трагъауэу къыщрахьэжьар. Иджыпсту дызэрыт лъэхъэнэм ахэр къыхэхыкIэ зыщIэхэм я нэщэнэу къалъытэ. 
 Ди сабиигъуэр дигу къэдгъэкIыжмэ, гъэмахуэ дыгъэм зыщытхъумэн папщIэ, «газет пыIэхэр» тщIыуэ щытакъэ? Апхуэдэ теплъэгъуэт франджы дэрбзэрми и нэгу щIэкIар. Данием зыгъэпсэхуакIуэ щыIэу, цIыхубзым и нэр техуащ газет пыIэ зыщхьэрыгъ бдзэжьеящэхэм. АфIэкIа хэмылъу, Эльзэ езым теухуауэ ятхахэр зытет къыдэкIыгъуэхэр зэхуихьэсыжри, хьэрфхэр къипхыфын хуэдизу ину, щэкIым тригъэгъэуащ, иужькIэ абы щыгъын къыхидыкIащ. 
 Дэрбзэр жытIэ щхьэкIэ, Скиапарелли дэнымрэ бзэнымрэ хуеджатэкъым. Хэлъэт зиIэм имыIэ щыIэ?! Италием иIэпхъукIа хъыджэбзым и унагъуэр IэпщIэлъэпщIагъым нэхърэ, щIэныгъэм нэхъ хуэщIат. Скиапарелли Челестинэ, Эльзэ и адэр, щIэныгъэлI къудейтэкъым, ислъам диным курыт лIэщIыгъуэхэм иIыгъа увыпIэр къэзыхутэ тхыдэджт. Рим дэт университетым щригъаджэрт Эльзэ и адэм, хъыджэбзым абы философиемкIэ и факультетыр къиухащ. Ар сыту тщIыну жыфIэнкIи хъунщ, ауэ шэч зыхэмылъыжращи, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым къызэрыгуэкIыу зыри хуэщIэркъым. Эльзэ и адэ къуэшхэм я зыр вагъуэхэр зыдж астрономт, адрейр – Мысырым и тхыдэр зэхуэзыхьэсыж щIэныгъэлIт. 
 Эльзи зэрыцIыкIурэ итхьэкъурт пасэрей дин дауэдапщэхэмрэ лъэпкъ щхьэхуэхэм я щэнхабзэмрэ. Адэ-анэм хъыджэбз цIыкIур япэщIыкIэ Швейцарием ягъэкIуащ, хъыджэбз цIыкIухэр чыристан диным щыхурагъаджэ школым. Ауэ зэчийм и гъусэу урым лъы пщтыр зыщIэт пщащэм еджапIэм щызекIуэ хабзэ ткIийхэр игу темыхуэу, запэщIисэу зигъэмэжэлIэн щIидза нэужь, и псэупIэр имыхъуэжу хъуакъым. ЯпэщIыкIэ Лондон Iэпхъуэри, и ныбжьэгъум къыхуигъуэта, зеиншэхэм щакIэлъыплъ еджапIэм уващ. Ауэрэ Америкэм, Нью-Йорк къыщыхутащ, иужькIэ Париж кIуэжащ. 
 Модэм и тхыдэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъхэм газет напэкIуэцIым и сурэт зытегъэуа щэкIыр Эльзэ ипэжи щыIауэ, Австралием щыщ Баррес Матильдэ кърихьэжьауэ, абы и сурэти къэнауэ жаIэ. Ауэ Матильдэ дэрбзэртэкъым, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, Австралие жыжьэмрэ Европэмрэ апхуэдэу псынщIэу зэлъэIэс къыщIэкIынтэкъым а зэманым, Скиапарелли къиггупсысар хэбгъэкIуэдэжын хуэдэу. Дэ тфIэгъэщIэгъуэныр зи щIэщыгъуэ зэи имыкI, иджыпстуи хъыджэбз цIыкIу куэд дэзыхьэх дэрбзэр, щыгъынкIэ дизайнер IэщIагъэм Эльзэ зэрытегушхуарщ. Япэ лъэбакъуэ а лъэныкъуэмкIэ зэричари хъыбар гукъинэжщ. 
 Зэгуэр, Америкэм хьэщIапIэ щыIэу, Эльзэ кърагъэблэгъахэм яз цIыхубзым щыгъ цыджанэм гу лъитащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар Эльзэ пэгъунэгъуу псэу ермэлы цIыхубзым ищIу арат. «Мыпхуэдэ цыджанэ пщампIэ тету схуумыщIмэ, сылIэм и гъунэщ», - жриIэри, къалэм ермэлы цIыхубзу дэсыр щIыхьэхуу зэхишауэ яIуэтэж Скиапареллли. Сытми, апхуэдэ цыджанэр зыщIыф цIыхубзхэм ядэлэжьэн щIидзэри, пIалъэ кIэщым Эльзэ бостей, цыджанэ дыкIэщIэхэр кърихьэжьащ, IэкIэ зэрыхъауэ. Артистхэм, уэрэджыIакIуэхэм, цIыху цIэрыIуэхэм ахэр щатIэгъэн зэрыщIадзэу, Скиапарелли и щыгъынхэр хэIущIыIу хъури, адэкIэ и пщIэр ехуэхыжакъым. 
 Мы дэрбзэрым и щыгъынхэм гъуэгу езыта щхьэусыгъуэхэм язщ абы и фэилъхьэгъуэхэр, цIыху псоми къащэхуфын хуэдэу, щэкI пудхэм къахищIыкIыу зэрыщытар. 
 Газет зытет сурэтым къэдгъэзэжынщи, Эльзэ ирихьэжьа модэр цIэрыIуагъкIэ абы къыкIэрымыху Гальянэ Джон IэщIипхъуэтри, зэрыщыту газет напэкIуэцI зытет щэкI защIэкIэ зы утыку ихьэгъуэ къызэригъэпэщауэ щытащ. Къулейхэм замыгъэпсэ махэу къэхъурэ? Гальянэ ищIар игу къэзыгъэкIар зэры-Эльзэр имыбзыщI пэтми, и «газет щыгъынхэр» зыхуигъэфэщар Париж дэт унэншэхэрауэ жиIэрт. ТхьэмыщкIэхэр газетхэм тегъуалъхьэурэ жейрт, арати, Гальянэ и гукъэкIыр сыхьэтыфIым хуэзэри, газет модэм адэкIи зиубгъуащ. 
 Дызэрыт 2023 гъэм газет сурэт зытегъэуа щыгъынхэр лъапIэм къыщымынэу, гъуэтыгъуейхэм хабжэ. Ди республикэм щэкI къыщыщIагъэкIыр пэжмэ, ягъэ кIынтэкъым адыгэбзэкIэ къыдэкI ди газет закъуэр сурэту зыщIыпIэ трагъэуамэ. Псом хуэмыдэу ар гукъинэж хъунут «Адыгэ псалъэр» илэси 100 щрикъу 2024 илъэсым ирихьэлIэу. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: