Тхыдэ къызыдэгъуэгурыкIуэ Iэмэпсымэхэр

Думэн Мурадин эстрадэмкIэ и театрымрэ «Хьэтхэр» ансамблымрэ я музыкант, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэхьэзыр Увыж Анзор зэфIэкI ин зиIэ артистщ.
Увыж Анзор кларнетымкIэ  щIэныгъэ иIэщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, академическэ музыкэр къемэщIэкIырт. 90 гъэхэм хиубыда, рок макъамэм дихьэх щIалэр хуэмурэ макъамэ Iэмэпсымэхэм дахьэхащ. Хамэ къэрал концерт щитыну зэгуэр кIуауэ, шамбырым къыхэщIыкIа макъамэ Iэмэпсымэ къищэхуат, зригъэщIат еуэкIи, ауэ пластмассэм къыхэщIыкIахэм къащхьэщыкIырт ар, хьэгъуэлIыгъуэ е нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм ар къызэдищтэртэкъым, зыгуэрым  къищтэу яIэпыхункIэ шынэрти. ИкIэм, а Iэмэпсымэм трищIыкIыну мурад ещI, икIи ар къохъулIэ. Абы нэхъри тригъэгушхуат макъамэ Iэмэпсымэхэр ищIыным. УнэлъащIэхэр щагъэхьэзыр цехым кIуэрти, пхъэ лIэужьыгъуэхэм я зэхэлъыкIэм, къигъэсэбэпыну дагъэхэм, гу зылъитапхъэхэм зыщигъэгъуазэрт. ЖыпIэ хъунущ а щIэныгъэр куэдкIэ къыхуэщхьэпауэ Увыжым. Макъамэ Iэмэпсымэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж икIи ахэр зыщI IэпщIэлъапщIэм зэхуихьэсахэм щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм кърихахэм ятрищIыкIа Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэнхэри хэтщ. 
Музыкантым зэрыжиIэмкIэ, зыгуэр хэубыдыкIа мыхъуу, дэтхэнэ и Iэмэпсымэри фIыуэ елъагъу. ЗэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэми макъ щIэщыгъуэ къокI, макъамэ хэхам декIужу. 
- ФIыуэ зыхэпщIыкI, езыр узэуэф Iэмэпсымэхэр бгъэхьэзырмэ нэхъыфIщ. Армыхъумэ, и теплъэр къохъулIэми, абы къикIын хуей макъхэр къыпхуемыгъэубыдынкIэ шынагъуэ щыIэщ, - жеIэ Анзор. – Пэжщ, саксофон сщIыну и ужь сихьэнукъым. Ар зи къалэныр заводхэрщ. Ауэ IэкIэ пхуэщIынухэм сэр-сэру сыпэлъэщащ. 
Увыж Анзор макъамэ Iэмэпсымэ лIэужьыгъуэ куэд зэхуихьэсащ, езым игъэхьэзырыжахэри мымащIэу. Къищэхуахэм ящыщщ саксофон, кларнет, флейтэ Iэмэпсымэхэр. А псори и концертхэм папщIэ  е студием макъамэ щыщригъэтхкIэ къегъэсэбэп. 
 Увыж Анзор макъамэмкIэ иIэ зэфIэкIыр щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIи сэбэпщ. Псалъэм папщIэ, ГъукIэ Замудин къамыл адыгэ макъамэ Iэмэпсымэм теухуа тхылъ къыщыдигъэкIым чэнджэщэгъу хуэхъуащ. Адыгэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр гъэхьэзырынми хэлъхьэныгъэфI хуещI абы. Адыгейм щыщ музыкант Нэгъуей Заур дыжьын килограмм зэригъэпэщри, Увыж Анзоррэ IэпщIэлъапщIагъэкIэ цIэрыIуэ Мэстафэ Вячеславрэ къамыл яригъэщIащ. Апхуэдэу дыжьыным япэу къыхащIыкIащ а Iэмэпсымэр. 
ЯпэщIыкIэ рок макъамэм дихьэха щIалэр зэрымыщIэкIэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм хуэкIуэжауэ адыгэ щэнхабзэр егъэбей.  Анзор игъэхьэзыр дэтхэнэ Iэмэпсымэми езым и тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэжщи, ари Iуэху щхьэпэщ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: