Зи пIалъэр имыкI Iуэху

«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ зэхыхьэм хэтхэм иджыблагъэ яхуеблэгъащ Урысей Федерацэм и Президентым деж щыIэ Департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Малышевэ Еленэ. 

ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр а зэIущэм щытепсэлъыхьащ «Без срока давности» проектыр ди къэралым зэрыщагъэзащIэм, апхуэдэу ди япэ итахэм я Iэужьыр хуэсакъыу хъумэным и гугъу ящIащ.
- Сэри си лэжьэгъухэми ди гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыдащ «Без срока давности» проектым, - жиIащ хьэщIэм. – Дэ егъэлеяуэ догугъу мы Iуэхум, дыщогугъ, абы и мыхьэнэр къывгурыIуэу, фэри фыкъыпэджэжыну. 
Къэпсалъэм зэрыжиIамкIэ, ахэр зэлэжь Iуэхур хуэгъэпсащ жылагъуэм ящыгъупщэжа тхыдэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абыхэм язщ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм екIуэкIа лъэпкъгъэкIуэдыр.
- Мы Iуэхум гъунэ иIэкъым. «Без срока давности» жыIэгъуэр Конвенцэм щыщщ, ар ехьэлIащ цIыхухэм ехьэлIауэ ящIа хабзэкъутэ Iуэхухэм е дзэ щIэпхъаджагъэм. ЦIыхухэр зыщыщ щIыпIэ, лъэпкъ е яIыгъ къулыкъу емылъытауэ, мы Iуэхум зэкъуегъэувэ, - жиIащ Малышевэм. 
Ар тепсэлъыхьащ жэрдэмым къежьапIэ хуэхъуам, ди къэралым щыщу мы Iуэхум хэт щIыналъэхэм щхьэхуэу я гугъу ищIащ.
- Дэ къыдэгъэкIыным хуэдгъэхьэзыращ хэкум ирахуа, лей зытрагъэхьа лъэпкъхэм я тхыдэр, къекIуэкIыкIар зэрыт тхылъ, - жиIащ Малышевэм.
Абы щIалэгъуалэр щигъэгъуэзащ Хэку зауэшхуэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм, сабийхэм тхыдэ дерсхэр езытхэм къагъэсэбэпыфыну ссылкэхэр зыхуэдэм. А зэIущIэм и Iыхьэшхуэ хухахауэ щытащ Хэку зауэшхуэм теухуа дерс егъэкIуэкIыным. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъгъэкIуэдым и хъыбархэр сабийхэм зэрыбгъэдалъхьэнум, къэгъэсэбэпын хуей тхылъхэм, нэгъуэщIхэми.
- Ди зэIущIэм сэ иджыри зэ къызгуригъэIуащ мы Iуэхум гъащIэ зэриIэр, ауэ зэгъэзэхуэжыпхъэ гуэрхэми гу лъызвгъэтащи, си лэжьэгъухэмрэ сэрэ абыхэм яужь дихьэнущ. 
 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: