Шорэ и унагъуэр

 «Штабс-капитан Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм и унагъуэм исхэр» дэфтэр гъэщIэгъуэн хэлъщ архивым. Ар щатхар 1862 гъэрщ. 
Абы къыщыхьа Iуэхугъуэхэм теухуа мы тхыгъэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ Бейтыгъуэн Сэфарбий. Мы унагъуэм исхэр ятхыныр къызыхэкIам щхьэусыгъуэ иIэщ. Тэрч областым щыIа дзэм и штабым и унафэщIым 1861 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м къыIэрыхьащ Кавказ бгырысхэм я Iуэхур зезыгъакIуэ канцелярым и нэхъыжьхэм къабгъэдэкI унафэ. Абы итт урыс правительствэм къулыкъу хуэзыщIауэ хэкум исхэм я бынхэу, я Iыхьлыуэ, е езыхэрауи ирехъуи, пенсэ зратхэм я цIэ-унэцIэр тхын хуейуэ. Арати, екIуэкI къэпщытэныгъэр къэсащ Нэгумэ Шорэ и щхьэгъусэу щыта Сэлимэт деж. 
Нэгумэм и унагъуэм езым ищхьэкIэ гулъытэ къыхуищIырт Кавказым дзэуэ исым я унафэщIым. Мис абы къалэн къыщищIри, Тэрч областым и унафэщIым Къэбэрдей округым и тет Орбелиани къыхуиIуэхуащ япэу къэсын хуей пощтым и гъусэу Нэгумэ Шорэ и унагъуэм исым я бжыгъэр тэмэму убзыхуауэ къыхуагъэхьыну. 
Бахъсэн куейм и Iэтащхьэ майор Коноплянскэм а жыхуаIэр зэрыт тхылъыр 1862 гъэм ящIышылэм и 27-м Орбелиани деж нигъэсат. Абы итт: «Сэлимэт – илъэс 60 хъур, Сэлимэт и къуэхэр: Ерустам – илъэс 34-рэ, Ериван – илъэс 25-рэ, Ерашид – илъэс 23-рэ». Нэгумэм ипхъу илъэс 35-рэ хъум щхьэкIэ щIыгъут: «Хорунжий Алмэм и щхьэгъусэщ». 
Сыт Нэгумэ Шорэ и унагъуэм исхэм ятеухуа тхылъым къыджиIэр? СыткIэ ехьэлIа ар Нэгумэм и гъащIэм? Тресков И. зэритхамкIэ, 1821 гъэм зи ныбжьыр илъэс 27-м ит Шорэ фыз къишащ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ илъэс 17 зи ныбжь Сэлимэт – Исмэхьил и пхъур. (Тресков И. В. Нэгумэ Шорэ теухуа этюдхэр. Налшык, 1974 гъ.) Тресков зытрищIыхьыр 1821 гъэм зэхалъхьа, къэбэрдей уэркъ Нэгумэ Шорэ и лъэпкъыр къызыхэкIахэм теухуа тхылъырщ. Сэлимэт щхьэкIэ абы итщ а зэманым ирихьэлIэу и ныбжьыр илъэс 17 хъууэ щытауэ. Дауи, абы къикIыркъым а 1821 гъэ дыдэр арауэ Нэгумэм фыз къыщишар. Апхуэдэущ къызэрилъытэр профессор Къумыкъу Тыгъуэн. Зи гугъу тщIы тхылъыр зэпкърихыурэ, абы 1965 гъэм къигъэлъэгъуащ а зэманым Нэгумэ Шорэ щхьэгъусэ иIауэ. Мыр Iуэхум и тэмэмыпIэм нэхъ и гъунэгъущ, и пэжыпIэ дыдэр иджыри къэс зыми имыщIэми. АрщхьэкIэ абы шэч къытрахьэ языныкъуэ къэхутакIуэхэм. 
Тыгъуэн Рэшад, псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIа тхылъым итыр и фIэщ ищIыну хуеиххэкъым. Абы етх: «А зэманым (1821 гъэм - Б. С.) Нэгумэм и ныбжьыр илъэс 27-рэ, абы и щхьэгъусэ щIалэ дыдэ Сэлимэт Исмэхьил и пхъур 17 ирикъуат. Ауэ дэ а бжыгъэхэр тэмэм дыдэу къытфIэщIыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ 1819 гъэм Сэлимэт Нэгумэм и къэшэну щытауэ аращ. Абы тепщIыхьмэ, Сэлимэт а гъэм илъэс 15-т зэрыхъун хуейр. 
КъызэрытлъытэмкIэ, Нэгумэм щхьэгъусэ ищIыну къыхихын хуеякъым балигъ мыхъуа хъыджэбз цIыкIур». Мыбдежым гугъущ жыпIэну тхыдэтхым Сэлимэт и ныбжьым илъэситI щIыкIэриудыр. ИтIанэ, 1819 гъэм Шорэ и къэшэну зэрыщытам щхьэкIэ, Сэлимэт апхуэдизу щIалауэ жыпIэ хъуну? Абы шэч къытезыхьэнухэм мыр япегъэув тхыдэтхым: «1819 гъэм Нэгумэ Шорэ и гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ Iуэху къэхъуащ: фыз къишащ». Ар уи фIэщ ищIуи тегъэщIапIэ ещI Шорэ и цIыхугъэу щыта помещицэ Стрелковэ Аннэ и гугъэкIыжхэр. Мис ар: «Нэгумэ Шорэ ди цIыхугъэу зэрыщытым къыхэкIыу, дэ абы дригъэблэгъат и къэшэныр дигъэлъагъуну. КъызэрыджаIамкIэ, и къэшэныр нэгъуэщI къуажэ щыIэт». 
Стрелковэм и тхыгъэм, зэрытлъагъущи, къикIыркъым Шорэ 1819 гъэм фыз къишауэ. Мыбы и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, «щхьэгъусэри», «къэшэнри» зэхуэдэу къыбгуроIуэ. Къишат хьэмэрэ къимышат 1819 гъэм Нэгумэм? Мыбдежым Iэмал зимыIэщ «къэшэн» псалъэм Стрелковэм кърихыр имыгъэтэмэмыныр. А псалъэм къикIри къызэрыбгурыIуэнури нэчыхь иригъэтхыну, дэкIуэну зызыгъэхьэзыра цIыхубз жиIэу аращ. Ауэ а зэманым урысым я «невеста» псалъэм нэгъуэщI кърахыу щытауэ пIэрэ? 
ПцIы хэлъкъым Нэгумэм Стрелковэр щIригъэблэгъар и къэшэныр зэрыарам. Арыншауэ, къемызэгъыу жыпIэн хуейщ Нэгумэм, фIы дыдэу урысыбзэр зыщIэм, щхьэгъусэмрэ (жена) къэшэнымрэ (невеста) зэхимыгъэкIыфу щытауэ. Урысыбзэр зэримыщIэм къыхэкIыу а псалъитIыр зэхуэдэу фIэкI къыгурымыIуэмэ, Стрелковэм и гукъэкIыжхэм къыхэщынут абы и псалъэхэм лексическэ щыуагъэ зэрыхэтыр. Нэгумэм Сэлимэт къыщишар Стрелковэр абы и деж щыIа нэужьщ. 1818 гъэм и бжьыхьэрщ е щIымахуэрщ, нэхъ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, 1820 гъэрщ. 
1821 гъэм Нэгумэ Шорэ деж щыIа миссионер Гендерсон итхащ абы и унагъуэм зэхъуэкIыныгъэ къызэрыщыхъуар. «Сэ гуапэу сригъэблэгъат и щыкъу анэм», – етх Гендерсон. Абы и псалъэхэм къыхощ Нэгумэм и щхьэгъусэр щIыгъуу и щыкъу анэм деж щыпсэуауэ. Стрелковэм къызэриIуэтэжамкIэ, къэшэныр нэгъуэщI къуажэ щыпсэурт. Абы къегъэлъагъуэ 1819 гъэм Шорэ щыпсэуар къыщалъхуа къуажэр зэрыарар. Ар нэгъуэщI къуажэ Хьэжы-Къэбакъ (Аджи-аул) щыIэпхъуар Нэгумэм и къуажэр, унагъуэ зыщыплI фIэкI мыхъуу щытар, хэкIуэдэжа иужьщ. Ар хуэпхь хъунущ абы щхьэгъусэ къызэришам. АдэкIэ Тыгъуэн Рэшад гу лъитэгъат Сэлимэт и илъэс бжыгъэм, ар Нэгумэм и дуней еплъыкIэм пыщIат. Абы къызэрилъытэмкIэ, Нэгумэм и унэ къришэфынутэкъым зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа хъыджэбз цIыкIур. 
НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ укъыщеплъ хъунущ мы Iуэхум: Нэгумэр щыпсэу зэманым илъэс 15-р дэкIуэну и ныбжь нэсауэ къалъытэрт. ДэкIуэну зи ныбжь нэса хъыджэбзхэм ятеухуауэ 1832 гъэм Пушкиным итхыгъащ: «Илъэс I5 ирикъуа хъыджэбз цIыкIур лIы дэкIуэ хъунут…» КъэхутакIуэхэм къэхъуауэ щытынкIэ хъуну къалъытэ Пушкинымрэ Нэгумэмрэ 1820 гъэм Псыхуабэ къалэм щызэхуэзауэ, Нэгумэм щхьэгъусэ къиша иужь. 
Апхуэдэу щыщыткIэ, къэплъытэ хъунущ Пушкиным Нэгумэм жриIэнкIэ зэрыхъунур адыгэхэм нэчыхь зэрырагъэтхыу щытам теухуа хъыбархэр. Япэрауэ, илъэс бжыгъэм, Россием щагъэува законым тримыщIыхьу, Нэгумэр тегушхуэнкIэ хъунут илъэс 15 зи ныбжь Сэлимэт къишэну. Ар пэщIэувэртэкъым дин зыхуеджами, ефэнды лэжьыгъэ къигъэнами, мылъку бгъэдэлъми… 
Тыгъуэн Рэшад, Iуэхум и пэжыпIэр къищIэн щхьэкIэ, къихутащ нэгъуэщI тхыгъи. Абы зэритхымкIэ, Сэлимэт 1800 гъэм къалъхуащ. Абы къыхэкIыу нобэ зэхуэдэу къатщтэ хъунущ Нэгумэм и щхьэгъусэр къыщалъхуар 1804, 1802, 1800 гъэхэм ящыщ зыр арауэ. А щым тегъэчыныхьауэ зыри къызэрытхухэмыхынум къыхэкIыу, 1802 гъэр къыхэдгъэщхьэхукIынщ, ауэ 1804 гъэм деж къыщызэтеувыIэн хуейуэ къыщIэкIынщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар адрейхэм япэ ятхауэ щытат, зытхари Нэгумэ Шорэу хуагъэфащэ, е Сэлимэт е абы и анэм я псалъэкIэ. 
Нэгумэ Шорэ и бынхэм ятеухуауэ псалъэ зытIущ жыIэпхъэт. Унагъуэм я спискэм мыхьэнэшхуэ зиIэ итщ абы ипхъу Кулидам теухуауэ. Иджыри къыздэсым дэ тщIакъым ар къыщалъхуа гъэр. Абы щхьэгъусэ хуэхъуар Псыхъурей къуажэм щыщ Алмэр аращ. Дыщыгъуазэу щытакъым Ерустамрэ Кулидамрэ хэт нэхъыжьми. Иджы гурыIуэгъуэщ хъыджэбз цIыкIур Шорэ и бынхэм зэранэхъыжьыр, илъэси 7 - 8-кIэ зэбгъэдэса нэужь зэщхьэгъусэхэм ягъуэта сабийуэ зэрыщытар. Абыи гулъытэ хуэщIын хуейщ. Шорэ Кулидам нэхърэ нэхъыжь бын иIауэ, ауэ сабийуэ дунейм ехыжауэ къыщIэкIынущ. Ерустам, спискэм зэритымкIэ, 1826 гъэм къалъхуащ, ар къызэрахутам тохуэ. Ар и шыпхъум нэхърэ зы илъэскIэ нэхъыщIэщ. Ерашид Ериван нэхърэ илъэситIкIэ нэхъыщIэщ. Ерустамрэ Ериванрэ я зэхуакум илъэситху зэрыдэлъар пэжу къыпщыхъуркъым. Куэд къамыгъащIэу дунейм ехыжа сабий нэхъыжьхэрауэ къыщIэкIынщ абыхэм апхуэдиз илъэс бжыгъэ я зэхуакум щIыдэлъыр. 

КъыкIэлъыкIуэнущ.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: