Мазэр щыхьэту

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Гулэз и ныбжьыр илъэс пщыкIух-пщыкIублым щиувам, адэр зыхуея псори къехъулIат. Къэбэрдейм и мызакъуэу, нэгъуэщI хэкухэми наIуэ щыхъуат пхъум и лIыгъэр.

Мыщэм ебэныфу, и уэгъуэр тIу имыщIу, щIакIуэ кIапэ теувакIэ къыщикIуэтаи къэмыхъуауэ яIуатэрт.

 Ауэ   Гулэз нэщхъеирилэти, пщыр абы иригузавэрт.

 Зэгуэрым Урысейм къикIри Щоджэнокъуэм хьэщIэ лъапIэ къыхуэкIуат. Адыгэхэм нэхъ хъыджэбз дахэу, нэхъ щIалэ хахуэу яIэ псори зэхуашэсри, пщыпежьэ ящIат.

ХьэщIэ Iэнэм нэхъыжьхэр бгъэдэсщ. Абыхэм Шужьеи яхэсщ. НэхъыщIэхэр щхьэгъэрытщи, фалъэр нэщI зэрыхъуу, фо махъсымэр кърагъахъуэ. Iэнэр зыхуей-зыхуэфIкIэ пщафIэхэр мэсакъ. Я Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ, лэгъуп инкIэ аддэ жыжьэу лы щагъавэ, щынэр зэрыщыту дзасэкIэ щагъажьэ.

Джэгу иныр щIалэгъуалэм зэхаублащ. Утыкум итщ Гулэзрэ щIалэ псыгъуэ кIыхь къамылыфэ зэкIужрэ. Iэгуауэр яIэт, пшынэр мэбзэрабзэ. Щауэхэмрэ пщащэ дахэхэмрэ, лъапэрисэ защIауэ, утыкум щощIэращIэ.

– Урыс хьэщIэм псалъэ иIэщ, моуэ зэ фи Iуэхури фи джэгури къэвгъани, гъунэгъуу фыкъекIуэталIэт, – нэхъыжьым унафэ ещI.

Псори Iэнэм хъурейуэ къоувэкI.

Урыс хьэщIэм жиIэхэр зэридзэкIыжу, Жамбот инэралри къыбгъэдэсщ.

Махъсымэ фалъэр IэщIэту, фIыуи къызэщIэплъауэ, хьэщIэр къотэдж.

– Адыгэхэ, фи ерыскъыр хуабжьу сигу ирихьащ. Ди адэм игу имыхужу щыта махъсымэри фадэ псоми тызогъакIуэ. ГъэщIэгъуэну дахэщ фи цIыхухэр, икIи, сэ зэрызэхэсхамкIэ, лIыгъи яхэлъщ. Фи хьэщIэ гъэхьэщIэкIэри, фи щIыпIэри нэгъэсауэ удэзыхьэхщ. Адыгэхэ, берычэт бесын, вжызоIэ!

Махъсымэр ирефри, хьэщIэр мэтIысыж.

Тхьэмадэр къотэдж.

– Адыгэхэм ди хабзэщ дэтхэнэ зы хьэщIэми игу дыдыхьэу, пщIэрэ нэмысрэ хуэтщIу. ХьэщIэ лъапIэм нобэ ар къыддилъэгъуауэ щибжкIэ, ди насыпщ.

Тхьэмадэм и псалъэхэр Жамбот хьэщIэм хузэридзэкIыжащ.

– АтIэ, иIэт иджы щIэвдзэт. Урыс хьэщIэм ди лIыгъэр зэхиха мыхъумэ, илъэгъуакъым. ЩIэвдзэт, щIалэхэ.

Шы екIухэм тесу, щIалэхэм я гъусэу пщащэхэри щытщ. Ауэ ахэр цIыхухъу щыгъынкIэ хуэпащи, гъунэгъуу уабгъэдэмыхьауэ, къыпхуэцIыхуркъым.

Шууейхэм зэхьэзэхуэр зращIэкIыр жыжьэу щыфIэдза данэпс IэлъэщIырщ. Данэпсыр зейр пщащэм я нэхъ дахэрщ. Япэ нэсу, данэпсыр къэзыхьыр цIыхубзмэ, цIыхухъухэм я напэр текIауэ арщ. Щауэмрэ IэлъэщIыр зеймрэ зэрагъашэ хабзэщ.

Тхьэмадэм хьэщIэхэр а псом щыгъуазэ ещI.

Фоч драгъэуейри, шыхэм зэуэ зрач. Псори шыгъажэм йоплъ. И пхъур зэдилъахэм япэ итщи, Щоджэнокъуэр мэгуфIэ. ГукIэ тхьэ хуолъэIу. Ауэ, мес, Гулэз ипэ шитI-щы зэуэ къихутащ.

ЩIопщымкIэ хъыджэбзыр и шым щэ-плIэ хэуащ. Иджы шы къэгубжьам Гулэз ехь. Зышми етIуанэми щхьэпрожри, аргуэру япэ йощыж. «Сыт сэ си данэпсыр къэсхьыжкIэ? Тембот япэ нэсмэ щхьэ мыхъурэ? Апхуэдэут сэ сызыхуейр. Арыншами, кIэщIу си яужь итщ. Ауэ ди адэр-щэ? Абы и жагъуэ хъунукъэ? ИтIанэ, сэ лIыгъэншэ щхьэ сыхъун хуей? ЛIыгъэ зиIэр къыстрыреж». Аргуэру ар и шым хоуэ. Гулэз и шым лъэкI къигъанэркъым, ауэ имыщIэххэу къыдэха Тембот лъэщIыхьэн хузэфIэкIыжкъым.

ЩIалэр нэсри, жыг къудамэм фIэдза данэпсыр къыфIипхъуэтащ. Ар щилъагъум, Гулэз пыгуфIыкIри плъыжь къэхъуащ. Тембот нэщанэм щеуэм текIуащ, лIыгъэ хэлъу щIакIуэми тетащ, щыбэнами, и къарур хурикъуащ.

Джэгур зэхаублэж.

Зи Iэпкълъэпкъ псыгъуэ кIыхьыр жырым хуэдэу зэфIэт Темботрэ Гулэз дахэмрэ утыкум итщ.

ХьэщIэм и лъэIукIэ, а тIур тIэу-щэ къагъэфащ, ислъэмей ирагъэщIащ. Абы и ужькIэ Щоджэнокъуэм, хуабжьу и жагъуэми, фызышэшхуэу и пхъур лIы иритащ. Хабзэр пкъутэ хъунутэкъым. Ипхъуми и ишэгъуэ дахэт.

Гулэз унагъуэ щихьэм, и гъусэу здишащ анэ папщIэу иIа дэгызэ фызыжьри.

Ауэрэ, куэд мыщIэу, Жанпагуэ уз хьэлъэ къоуалIэ. ЛIэуэ телъ фызыжьым гуащэм и Iуэхум хищIыкI псори Гулэз хуеIуэтэж.

– Си псэм ищIэрт си анэр и ажалкIэ зэрымылIар. Иджыри къэсыхункIэ щхьэ убзыщIа?

– Сыхуитакъым, си тIасэ, сышынащ. Ауэ уи анэм и лъэIур сэ гува-щIэхами згъэзэщIэнут, – жиIэри, дэгызэм и псэр хэкIащ.

Гуауэмрэ гупсысэ хьэлъэмрэ зэщIаIулIауэ, Гулэз махуэ зыбжанэ ирихьэкIащ.

Жэщ гуэрым, и щхьэгъусэр щымыIэу, Iэщэ-фащэкIэ зызэщIиузадэри, зыми ямылъагъуу, ар пщIантIэм къыдэшэсыкIащ.

Шу гуп и гъусэу зыщIыпIэ къикIыж пщым мыгувэу ар хуозэ. И нэкIур къыщIэмыщу, бащлъыкъымкIэ щIихъумэри: «Щоджэнокъуэ Шужьей, Iуэху гуэркIэ сыпхуейуэ сыкъэкIуат», – жиIэри, макъ зэхъуэкIакIэ джащ Гулэз.

– Сэ иджыпсту сыфлъэщIыхьэжынщ, фэ фынакIуэ, – и гъусэхэм унафэ яхуищIа мыхъумэ, пщыр зыми щIэупщIакъым.

Iэнкуну къэувыIэжат и гъусэхэр, ауэ пщым етIуанэу «фыкIуэ» къащыжриIэм, зыри къыпамыдзыжу, шухэр ежьэжащ. Мазэ нэхум хэтурэ, мыдрей тIур бгы папцIэ лъагэ гуэрым дэкIащ.

– ЖыIэ иджы узыхуейр. Мыбдеж зыми дыщызэхихынукъым.

– Ямылейуэ цIыху ябгэу Щоджэнокъуэ, лъыщIэжакIуэ сыкъэкIуащ.

«Ухэт? Хэт илъ пщIэжынур?» – жиIэу пщыр щIэупщIакъым.

Бгы гъуанэм мамыру итIысхьэжа бзухэр я абгъуэм кърагъэлъэту, фочышэр яухыху а тIур зэзэуащ, ауэ зэрытегъэкIуакъым. Ар щымыхъум, шым зэрытесу, джатэкIэ зэзауэу хуежьащ. Пщыр къоуэри, хъуаскIэр къыдихыу, къамэр къызэпеуд.

– СреукI, – занщIэу и гум къэкIащ Гулэз.

– Сыт «хуэдэхьэ» сыхуэмызами, си гъащIэм Iэщэншэ сукIакъым. Ноби а хабзэр уи пащхьэм щыскъутэнкъым. Си лIыгъэр сэ схурокъуж. ЩIакIуэм къытеуви, уи къарур зэ гъэунэхуж. Сэ къызэзыкуа цIыху псэууэ къыщына махуэ къэхъуакъым, – жеIэ Щоджэнокъуэм.

А тIур зэроубыдри, куэдрэ зэрызокъуэ. Зэми пщыр и щIагъ мэхъу, зэми и щIыIу къохъуж. Къарууэ къыхуэнэжар зэхуехьэсри, и гущIыIу къисым и дамэр пщым зэхегъэщIыщIэ. Гулэз хьэлъэу мэщэIу, ауэ Шужьей имыутIыпщу, абы и щхьэр щIым тредзэ. Пщым и IитIыр зэуэ лалэ къохъури, Гулэз еутIыпщ. Мывэ щылъым хуэзат пщым и щхьэр.

– Ди адэ... ди адэ...

И нэхэм къыщхьэрипхъуауэ, Гулэз зыкъеIэт.

– СощIэ... псори сощIэ... Мес уи анэр, игу зэгъауэ, къысхуоплъых. Арат сэ... лIыгъэ уиIэу ущIэзгъэсар... – жиIэри, пщыр къэдыхьэшхащ.

Пэж дыдэу и анэр илъагъун и гугъэу, Гулэз дэплъеящ. АрщхьэкIэ къэхъуа псомкIи щыхьэт закъуэу уафэм ит мазэм фIэкIа зыри илъэгъуакъым.

– Псы... псы... – Iупэ гъущIахэр ерагъыу зэтрих къудейуэ, зи псэр хэкI адэр мэлъаIуэ.

– Иджыпсту, иджыпсту... – къэмытэджыфу, Гулэз абы епщылIэну хуожьэ, арщхьэкIэ, куэд имыкIуфу, и щхьэр щIым тощIэри, мэсабыр.

ЗэрыукIыжа зэадэзэпхъум я шитIыр ящхьэщытщ, зым, щыщурэ, фIалъэкIэ щIыр къреуд, адрейри абы нэщхъей дыдэу къыхуоплъэкI.

Мазэм фагъуэу губгъуэр къегъэнэху...

КIэбышэ Лилэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: