МафIэр IэубыдыпIэншэщ

2023 илъэсыр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  мафIэс 1206-рэ къыщыхъуащ. Абыхэм ящыщу 100-р псэупIэхэм, 709-р удзхэкI гъуахэр ису. МафIэсхэм цIыхуи 6 къыщрагъэлащ, 190-рэ абы пэIэщIэ ящIу ягъэIэпхъуащ, цIыху 42-м фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтащ.  Ди жыгъуэ зэрыхъущи, цIыху 11 хэкIуэдащ.     
МафIэсхэм я нэхъыбэр къохъу цIыхухэм я зэранкIэ. Аращи, фигу къыдогъэкIыж  мафIэм  шынагъуэ    зэрыпылъыр,  электро, хуабэ къэзыт Iэмэпсымэхэр  къыщывгъэсэбэпкIэ хабзэм фытетын, фысакъын  зэрыхуейр.  
  2023 гъэр къызэрихьэрэ протокол 15 ттхащ, удз  гъуар щагъэсым хабзэр уэим зэращIам къыхэкIыу, къуаншэхэр административнэ жэуапым ирашэлIащ.      
Зыщывмыгъэгъупщэ,  зи гугъу тщIа мафIэм  псэупIэхэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, апхуэдэуи  мэзылъэхэмкIэ зидзынкIэ зэрыхъунур икIи хэщIыныгъэшхуэ къызэрырикIуэнур, нэхъыщхьэращи, цIыху хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунур! - къет  Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.  
МЧС-м фигу къегъэкIыж:
- зэи къэвмыгъэсэбэп дагъуэ зиIэ электрокIапсэ, электросетым къытехьэлъэну зэуэ куэд зэдэвмыгъэлажьэ, хуабэ къэзыт электроIэмэпсымэхэр къыщывгъэсэбэпкIэ фысакъ;
-  электро, газ Iэмэпсымэхэр щIэгъэнауэ къэвмыгъанэ;
 -  фи нэIэ темыту къэвмыгъанэ сабий цIыкIухэр,  фи сабийм фепсалъэ мафIэм уриджэгуныр зэрышынагъуэр, ищхьэкIэ къыхэдгъэща Iэмэпсымэхэр шынагъуэ пымылъу къызэрагъэсэбэпыр ягурывгъаIуэ;
-  и чэзум феплъ хьэкумрэ Iугъуэ икIыпIэмрэ я щытыкIэм;
-  гъуэлъыпIэм тутын фыщемыфэ;
Фэри фи благъэхэри фхъумэ!
Зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ, мафIэсгъэункIыфIым е къегъэлакIуэм и дэIэпыкъуэгъу фыхуей хъумэ, къевджэ «101» номерымкIэ. 
Зыгъэхьэзырар УЭРДОКЪУЭ Женящ.
Поделиться: