Лъэпкъырщ лъапсэр

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Теунэ Хьэчим и гупсысэ кIэщIхэм къахэтха зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ. 
Жьэгумрэ уэнжакъымрэ
Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэмэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.
Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри, е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьыращ.
МафIэс къэхъурэ унэ псор исами, иувыкIауэ зэхэмыщэщауэ къанэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Жьэгужьыр диIэу ди мафIэр ункIыфIынкъым.
Сысейр зыгуэркIэ ункIыфIрэ – уи деж сынэкIуэнщ, ууейр ункIыфIым, си деж укъэкIуэнщ. МафIэ щыIэу, нэхурэ хуабэрэ дыщыщIэнкъым.
ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым
ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр тращIэу щыта! ДыщэрыдкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэрэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэрэ хадыкIырт.
Гъуджэм къищым…
ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI – ухуейм зыхузэкIэщIэш, ухуейм ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэм, кIэрахъуэкIэ еуапэ.
Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу дапщэри уэ ущытыфу пIэрэ?
Лъэпкъырщ лъапсэр
Дэтхэнэ искусствэ нэсми къежьапIэрэ лъапсэрэ хуэхъур езы лъэпкъырщ. ТхакIуэм итхыр гум хыхьэу зыгъэIу, псэм дыхьэу зыхезыгъащIэ бзэр лъэпкъырщ абы къезытар. А бзэр зыухуари, зэхэзылъхьари, зыгъэбэгъуари, зыхъумари лъэпкъырщ. Лъэпкъым и Iущагъымрэ и акъылыфIагъымрэ наIуэу къэзыгъэлъагъуэ IуэрыIуатэри, абы и гуращэхэмрэ псэ IэфIу ар зэрыщытымрэ къэзыIуатэ уэрэдхэри, абы и Iущагъым къилъхуа псалъэжьхэри тхакIуэм къезытар аращ.
Си критикым естыж жэуап
«Куэд къызэрыкI адыгэ псалъэ «хъуэхъур» хъуэхъууи, хъуэхъуэн и мураду куэдыIуэрэ къызэрихьри очеркым и ныкъусаныгъэ нэхъыщхьэу къыдолъытэ. Гъэлъэгэщауэ зэрытхар гъэмэщIамэ, очеркыр гъуэзэджэт».
ЩIыхь зыхуэсщI критик! Нэхъ хуэму сыпсэлъэну, зэрагъэщIагъуэ знакхэр сымыгъэувыну, сызытепсэлъыхьынур сымыгъэлъэпIэщэну, къэбэрдей культурэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм сащымытхъущэну чэнджэщ къызот.
Ауэ жыпIэр схуэгъэзэщIэфынукъым. Сабийр дунейм къыщытехьа дыдэм и макъым къызэрикIкIэ «ауа!» жеIэри мэкIий, дунейм къызэрытехьар цIыхухэм яригъащIэу. Дэ, – япэм тхыгъэ, къэралыгъуэ, лъахэ зимыIахэм – илъэс щэ ныкъуэм я кIуэцIкIэ цIыхур зыгъэцIыху, цIыхур зыгъэнасыпыфIэ, цIыхур зыгъэлъапIэ псори къытIэщIыхьащ. Ар ину, лъэщу жумыIэнкIэ дауэ хъун!
КIий-гуоуншэу, хуэму, псэм дыхьэу Лев Толстой и тхэкIэм и фIыгъэр сэри сощIэ. Апхуэдэ тхэкIэм дыщыхуэкIуэн зэман дэри дихуэнщ. Ауэ ар къыщыхъунур культурэрэ щIэныгъэрэ диIэ зэрыхъуам десэжу, ди гуфIэмрэ ди хъуэхъумрэ дыуха нэужьщ.
ЦIыхубз акъыл
АкъылыфIэу ялъытэ цIыхубз гуэрым мыр жиIащ:
– И лIыр зытемыукIытэн акъыл нэхърэ нэхъыбэ цIыхубзыр хуейкъым.
– Ар сыт щхьэкIэ? – жаIэу щеупщIым:
– Абы фIэкIым – щхьэпрехыщэри, езым и напэри зытрехыж, илIри егъэукIытэ.
ЦIыхум хуэдэ щыIэкъым
ЦIыхум нэгъуэщI цIыхум фIыгъуэрэ угъурлыгъэу хуищIэм хуэдиз хуэзыщIэфын нэгъуэщI псэущхьэ дуней псом теткъым. КIэщIу жыпIэмэ, цIыхур цIыху щIыжщ. Ауэ гуауэрэ гуIэгъэу цIыхум адрей цIыхум ирищIэфым хуэдиз езыщIэфи щыIэкъым.
Адыгэ къэфэкIэхэр
Дэтхэнэ къэфэкIэми ар зей лъэпкъым и хьэл-щэныр, и щытыкIэр къегъэлъагъуэ икIи абы и тхыдэм и къекIуэкIыкIам быдэу пыщIащ.
Пщащэми щауэми я Iэпкълъэпкъыр зэрызэкIужыр, зэрылантIэр, Iэчлэчу зэрыщытхэр, езыхэр зэрыIэдэбыр, зэрынэмысыфIэр къыщыфэкIэ наIуэу гъэлъэгъуа мэхъу. «Ислъэмей» жыхуаIэ къэфэкIэр зи къафэр къарууфIэхэмрэ IэкIуэлъакIуэхэмрэщ. ЩIалэгъуэмрэ гукъыдэжыныгъэмрэ, зи псэ къэбырыбхэмрэ мафIэу къызэщIэплъахэмрэ я гур зыгъэтIыс къэфэкIэщ ар.
Уджыр зейр псэрщ. ФIыуэ плъэгъуам абы гъунэгъурэ псэлъэгъурэ ухуещI. Уи гум илъ псори хуикIут. ФIыуэ укъилъагъумэ, зы псалъэ щIылъэм тримыгъахуэу псори и гущIэм щигъэтIылъынщ.
Бзэ
ЦIыхухэм къагупсыса, яухуа, зэрагъэпэща псоми бзэр ятокIуэж. Абы нэхърэ нэхъ Iэщэ лъэщрэ нэхъ IэщэфIрэ абы иIэкъым. Бзэм и сэбэпкIэ цIыху щхьэ куцIымрэ цIыху акъылымрэ яхэхъуащ, заужьащ, бзэм и фIыгъэкIэ цIыхур гупсысэфи, бэнэфи, текIуэфи хъуащ. Бзэм сыт хуэдэу иригъэфIэкIуа, сыт хуэдэу игъэтынша цIыхухэм я гуащIэдэкIыр.
Псалъэхэм дахэплъэжым, абыхэм дахэгупсысыхьыжым сыту гъэщIэгъуэн куэд абыхэм къыджаIэфыну. 
Псэмрэ психологиемрэ сыткIэ зэпыщIа?
ПсэкIэ адыгэр доджэ цIыхум и психикэм. Гу зэрылъыфтащи, а тIури –
 псэмрэ психикэмрэ – зэщхьщ икIи абыхэм я къежьапIэри къызытекIри зыщ. Грекыбзэ «психэ» псалъэр адыгэбзэкIэ зэбдзэкIым, «псэ» жиIэу аращ.
А псалъэм къытокIыж «психикэри», «психологиери», «психоанализри», «психопатри».
А грек псалъэр зи бзэм хыхьар дыдейм и закъуэкъым. Урысыбзэми, адрей европейскэ бзэхэми ар хыхьащ.
«И пыIэпхэр къыхуизудащ»
«И пыIэпхэр къыхуизудащ» – псалъэхэр сытым къытекIа, ар сыт зищIысыр? Япэм адыгэхэм хабзэу яIащ пцIы зыупсхэм е щэху зыIуатэхэм я напэр трахын щхьэкIэ, абы дзыхь къыхуамыщIыжын папщIэ, абы и пыIэпхэр фочышэкIэ пхахыу е дзасэкIэ пхагъэлыгъукIыу. «И пыIэпхэр къыхуизудащ» жиIам, «и напэр тесхащ» жиIэу къикIырт. 
1841 гъэм къыдэкIа «Русскэ вестникым» и етIуанэ томым абы щхьэкIэ мыр итщ: «Хамэ щэхур зыIуатэм и пыIэпхэр шэрджэсхэм пасэ зэманым пхрагъэлыгъукIыу щытауэ жаIэжыр.
Абы къыхэкIкIэ щэхур зэриIуэтам щхьэкIэ егиинум, е ар ягъэикIэнум, «абы и пыIэпхэр пхыудащ» псэлъафэр жраIэу щытащ.
Хэку
Хэку псалъэм къикIыр хы зэхуаку жиIэу аращ. Ижьым адыгэхэм я щIыр хы ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Каспийм нэсу щытащ. Адыгэ хэкури аращ
къызытекIар.
Тэнджыз
Тэнджызыр мыбы къытекIащ: адыгэхэр Доным ТэнкIэ еджэу щытащ. Тэным и псыр Iузэвым (Азовым) деж хым хэхуэрти, Тэн ар из ищIауэ къалъытэрти, тэнджызыр абы къытекIауэ жаIэу зэхэсхащ.
 

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: