Адыгэм зэритха къудейм щхьэкIэ…

Пушкиным и лъэхъэнэгъуу щыта япэ адыгэ тхакIуэ СулътIан Къаз-Джэрийрэ Инат Кърым-Джэрийрэ ятеухуауэ иджыри къэс дызыщыгъуазэр мащIэщ.

         Къаз-Джэрий и зэчийм зиужьынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ урыс щIэныгъэлIхэр, тхакIуэ цIэрыIуэхэр. Мыин дыдэу гъэпса тхыгъитIымкIэ Къаз-Джэрий нэрылъагъу къищIащ тхэным зэрыхуэгурыхуэр, зэхэщIыкIышхуэ зэриIэр.

         Адыгэ тхакIуэм къыдигъэкIа и тхыгъэ нэхъыфIщ икIи нэхъ инщ «ХьэжытIэгъуей аузыр». Ар «Современник» журналым 1836 гъэм и мэлыжьыхь мазэм традзащ, Гоголь и «Гущэ», «ХыхьэхэкI зиIэ цIыхум и пщэдджыжь», Пушкиным и «Арзрум къызэрыщыскIухьар», «Щауэ къузгъун», Жуковскэм и «Жэщ еплъыныгъэ» тхыгъэ гъуэзэджэхэм ящIыгъуу.

         Урыс литературэм Кавказыр хэзыхьа урыс усакIуэшхуэ, «Современникым» и унафэщI Пушкиныр «ХьэжытIэгъуей аузым» къыщеджэм гухэхъуэ зэригъуэтар ибзыщIакъым:

         «Мыр дэ дызыпэмыплъа Iуэхугъуэ телъыджэщ! Кавказ Iэлым и къуэр ди тхакIуэхэм къабгъуроувэ; адыгэ щIалэм урысыбзэр хуиту, щIэращIэу икIи лъэщу егъэшэрыуэ. Дэ зы псалъи щызэтхъуэкIакъым фи пащхьэ итлъхьа пычыгъуэм. ГъэщIэгъуэнкъэ: щIэныгъэм и IэфIыпIэр зыхэзыщIа Къаз-Джэрий СулътIан епцIыжакъым и лъахэм щызекIуэ хабзэхэм, и лъэпкъ тхыдэм…».

         В. Г. Белинскэри гуапэу IущIащ адыгэ тхакIуэм и къалэмым. Къаз-джэрий и гъуэгуанэ тхыгъэр зэрыт журналыр къыдэкIа нэужь, критик цIэрыIуэм «Современникым» теухуауэ псалъэ зыбжанэ» зыфIища тхыгъэм мыпхуэдэу щетх:

         «ХьэжытIэгъуей аузыр» адыгэм (СулътIан Къаз-Джэрий) зэритха къудеймкIэ гъэщIэгъуэнщ, ар ди тхакIуэ цIэрыIуэ куэдым нэхърэ нэхъ хуэшэрыуэщ урысыбзэм».

         Тхыгъэр щиухым Белинскэм къыхигъэщхьэхукIащ журналым традза «тхыгъэ псори, усэхэм фIэкIа къэмынэу, фIы зэрыхъуар». А фIы хъуахэм «ХьэжытIэгъуей аузыр» зэрыхибжари нэрылъагъущ.

         Гъуэгуанэ тхыгъэм ущеджэкIэ занщIэу гу лъотэ ар зытхам и къалэмыр зэрышэрыуэм, апхуэдэуи зыхощIэ урыс щэнхабзэ пэрытыр тхакIуэм и зэфIэкIым къежьапIэ зэрыхуэхъуам. «ХьэжытIэгъуей аузым» тепщIыхьмэ, Къаз-Джэрий и адэжь хэкум фIылъагъуныгъэ хуиIэт, езыр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут.

         Тхыгъэм занщIэу щыгъуазэ дещI Iуэхур къыщыхъу лъэхъэнэми щекIуэкI щIыпIэми – «1834 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 3-м, Псыжь адрыщI». Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр, бысым нэшхуэгушхуэм и хьэщIэщыр къегъанэри, дыгъэ къухьэгъуэм ХьэжытIэгъуей аузым къыщхьэщыт Iуащхьэм хуопIащIэ. И адэжь хэкум къызэригъэзэжам абы кърет гурыфIыгъуэшхуэ, къыщохъу дуней псор езым къыхуэгуапэу. И щIыналъэм и дахагъыр щилъагъукIи, гуфIэгъуэ нэпсым еуфэ и нэр.

         Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр зэрыбгырыс нэсыр къомыщIапIэр иIэкъым, зигъэпсэхуну къыздэкIуэжа и щIыналъэр илъагъури, хьэщыкъ хъуащ, къалэмри къищтащ. ИкIи и япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ зэхыуегъащIэ мы щIыпIэм ар къызэрыщыхъуар, абы и щыпэлъагъукъым Кавказ бгы уардэхэр, къуршыпс Iэлхэр, ауз дахащэхэр, ауэ абы зэрахуэзэшари, и гум къыщыуш гурыфIыгъуэхэри апхуэдэу зыхуэусынур бгырыс нэсырщ. Абы къигъэлъэгъуфхэр, гу зылъитэхэр имылъагъункIэ мэхъу нэгъуэщI щIыпIэ къыщалъхуам.

         Пэжщ, тхыгъэр Къаз-Джэрий щитхар нэхъ иужьыIуэкIэщ, а и нэгу щIэкIахэм нэхъыщхьэр къыхихыжыфын хуэдэу зэман дигъэкIри итIанэщ тхэн щыщIидзар.

         Удихьэхыу, зыкъытомычыжыфу узэджэ тхыгъэр зыхуэдэр жыIэжыгъуафIэкъым, ауэ апхуэдизкIэ ар шэрыуэу гъэпсащ, зы гупсысэм хуолажьэри, зэ уеджауэ зэи пщыгъупщэжыркъым.

         Сыт-тIэ ар гум къизынэр? КъызыхэкIа лъэпкъыр тхакIуэм зэригъэлъапIэр, абы и нобэмрэ и пщэдеймрэ нэхъыфI хъуным зэрыщIэхъуэпсыр аращ. Къаз-Джэрий и тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ адыгэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным иIэну мыхьэнэшхуэр.

         Дунейм и теплъэ дахэр къыщигъэлъагъуэкIи бгырысхэм я псэукIэм щытетхыхькIи Къаз-Джэрий пэжыр и гъуазэщ, абы теплъэкъукIыркъым, дерс къызыхэхын хуейр къегъуэт, ар зэманым къигъэув къалэнми къыхуегъэлажьэ.

         ТхакIуэм и тхыгъэр зыхуигъэлажьэр зыщ: бгырыс лъэпкъхэм зыкъыщаIэтынур, насып щагъуэтынур щIэныгъэм и нэхур ятепса нэужьщ, щIэныгъэншагъэм и кIыфIым хэтыху я культурэми зиужьынукъым, я псэукIэри ефIэкIуэнукъым. Къаз-Джэрий гъуэгуанэ тхыгъэм къыщыжеIэ: «Европэм сыщамылъхуами, сэ си нэгу къыщIэзгъэхьэфащ мыбыхэм я гъащIэ дыджыр, сэшхуэдзэм дэлъ зэпыту ягъакIуэ гъащIэр… Ауэрэ сыздэгупсысэм, сигу къэкIыжащ апхуэдиз псалъэмакъ зращIэкIа апхуэдизрэ ягъэныщкIуа щIэныгъэ Iуэхур. ГъэщIэгъуэнщ! Куэд щIа сэ мы лъахэм жьым хуэдэу шууэ къэзжыхьу сызэритрэ, иджы сыхьэзырщ мыбы щIэныгъэр къэса зэрыхъун Iэмал минхэр зэхэслъхьэну…».

         ТхакIуэм адэкIэ къыпещэ: «Ауэ аракъым иджыпсту къыспэщытыр – нэхъыфIыр тхьэм къытхуищIэ, зэрыхъуIамэ хъунщ – си гъусэхэр арауэ къыщIэкIынкъым иджыпсту зыщIэхъуэпсыр; етIуанэ жэщыр щыдгъэкIуэну быдапIэр щалъагъум, ахэр зэщIэкъэкъащ, сэри, гупсысэр щысщхьэщыум, си щхьэр къэсIэтри слъэгъуащ урыс быдапIэр. ИлъэсипщI и пэкIэ хэт и гугъэнт урысхэм мыбдежым быдапIэ къытращIыхьыну; си пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым зэгуэр си бийуэ щытам и деж мыпхуэдэ жэщ щисхыну…»

         Хэт ищIэн мызыгъуэгуми Къаз-Джэрий и Iуэху зыхуэдэу щытар?! Дэ дыщыгъуазэкъым и лъэпкъэгъухэм ятеуэну дзэм ар хэтами. Абы щыгъуэм, урыс офицерым хуэдэу, унафэ бзаджэр имыгъэзэщIэн лъэкIыркъым. Мыдрейуэ, а унафэхэм ебэкъуэфамэ, цIыхугъэ нэс къылъыкъуэкIынт и щхьэм пщIэ хуищIыжыфу.

         АдэкIэ Къаз-Джэрий и гупсысэм зрегъэубгъу: «Бгы фIыцIэ щымхэм теплъызащ си нитIыр. Къыр дзакIэм къыкъуэплъ дыгъэ бзийм урыс сэлэтым и мыжурэр фагъуэу полыд. Дыгъэр хуэм-хуэмурэ къурш щIыбым щыужьыхыжащ, уафэ лъащIэм телъ пшэ гъуабжэхэм я нэзым плъыжьыпс мащIэ къыщIэлъэдащ, къуршыщхьэ уэсри, зыгуэрым игъэукIыта нэхъей, цIыплъ къэхъуащ»…

         «ХьэжытIэгъуей аузым» щыщ мы пычыгъуэмкIэ къыщIэгъэща мэхъу «къару здэщыIэм напэ щыIэн хуейкъым» жыхуиIэ IуэхуеплъыкIэ мыфэмыцыр. А Iуэху еплъыкIэр къэзыгъэщIа лъэхъэнэри лъэхъэнэ гущIэгъуншэу зэрыщытар къегъэнаIуэ икIи цIыхугъэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ гъащIэм и хабзэ зыщIа пащтыхьым абыкIэ нэлат ирех.

         «Мамыру псэу цIыхухэр зауэм щыхэкIуадэкIэ, бгырысхэм я къуажэ зэкъуэхуахэр мафIэм щисакIэ, лъэпкъ псор хьэзабым щыхэтакIэ – а лъэпкъым и бийуэ ирагъэкIуэкIащ зауэ мыхъумыщIэ, ар ягъэзахуэу сыт хуэдэ псалъэ фэрыщI кърамыIуэкIами…» - дэ апхуэдэу къыдгуроIуэ адыгэ тхакIуэр зытепсэлъыхьыр.

         Ар гупсысэ узыншэу тхыгъэм къыхощ. Пэжщ, а зыгъэпIейтейр тхакIуэм и «джатэр ихауэ» къиIуатэркъым, ауэ Кавказ зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэм мащIэу къытхутопсэлъыхьри, абы гущыкI худегъэщI. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр зауэм егъэунэхъу», - жеIэ Къаз-Джэрий. Ауэ абы иринэщхъейуэ и тхыгъэр «гъыбзэу» игъэшыркъым, гурыфIыгъуэнши ищIыркъым - къэхъукъащIэ, теплъэгъуэ зэмыплъыфэхэмкIэ гурыхь къытщещI.

 

Поделиться:

Читать также: