Бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэхьэзырщКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм илъэсым щыщу блэкIа мазищым зэфIагъэкIахэр къыщапщытэжа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Хэхауэ абы щытепсэлъыхьащ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм республикэр зэрыхуэхьэзырым. Зэхуэсыр Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед и унафэм щIэту екIуэкIащ. Абы хэтащ район, къалэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр. Жылэхэм электрокъару, газ, псы хуабэрэ щIыIэрэ яIэрыгъэхьэныр, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр зи пщэ дэлъхэр къыщыпсэлъащ зэхуэсым. Пэублэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и чэнджэщэгъу Бэлагъы Борис. Абы зэрыжиIамкIэ, 2023 - 2024 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зыхуэгъэхьэзырыныр, зэраубзыхуам тету, дагъуэншэу къызэгъэпэща хъуащ. Урысей Федерацэм ЭнергетикэмкIэ и министрым и унафэм ипкъ иткIэ, жэпуэгъуэ мазэм и япэ махуэм ирихьэлIэу хьэзыр хъун хуейщ республикэр хуабэкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа псори. - Лэжьыгъэр ныкъусаныгъэншэу егъэкIуэкIыным ар зи пщэ дэлъ IуэхущIапIэхэр хуэмыхьэзыру хъунукъым. Абы папщIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ абыкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщауэ щытщ. КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэм а дызытепсэлъыхь лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым и нэIэ тригъэтщ гъэмахуэм и япэ мазэм щыщIэдзауэ, - жиIащ Бэлагъы Борис. Абы зэрыжиIамкIэ, лъэхъэнэщIэ дызыхуэкIуэм жылэхэм, IуэхущIапIэхэм щыщIэныгъэншэу хуабэ яIэрыгъэхьэным сом мелуан 959369-рэ трагъэкIуэдэнущ, республикэм и бюджетым, щIыпIэ администрацэхэм, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкIыу. НобэкIэ, абы щыщу процент 57,6-рэ къагъэсэбэпащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сом мелуан 553-рэ лэжьыгъэм халъхьащ. «Зи гугъу тщIы гъэплъыгъуэ лъэхъэнэщIэм дыхуэщIауэ дыхуокIуэ. Фэтэр куэду зэхэт псэупIэ унэхэм хуабэ яIэрыгъэхьэным щыщIэныгъэншэу дыхуэхьэзырщ», - жиIащ Бэлагъым. Апхуэдэу, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хуабэр щыщIэныгъэншэу яIэрыхьэн папщIэ, унэ кIуэцIхэм щрагъэкIуэкI инженер лэжьыгъэхэр республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ мы мазэм и 25 пщIондэ зэфIагъэкIын зэрыхуейм. Нэхъ тегъэчыныхьауэ и гугъу ящIащ котельнэхэр лъэхъэнэщIэм хуэгъэхьэзырыныр зэфIагъэкIыным. ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Къуныжь МуIэед жиIащ Ухуэныгъэмрэ псэупIэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ министерствэр дызыхуэкIуэ лъэхъэнэщIэм зэрыхуэхьэзырым арэзы утехъуэ хъуну.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|