Жыгхэр хасэДунейпсо Адыгэ Хасэм и XIV зэIущIэшхуэм и пэ къихуэу, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм фокIадэм и 18-м къыщызэIуахащ «Зэныбжьэгъугъэм и лъэс лъагъуэр». Жыг 17 хасащ ДАХ-м и Конгрессым хэтыну къэкIуахэм. Япэ жыгыр хасащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. КъыкIэлъыкIуэхэр ягъэтIысащ Амман (Иордание) щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, генерал-лейтенант Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд, Сирием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Шорэ Гъэсан, Европэм щыIэ хасэхэм я федерацэхэм я унафэщI Вэрокъуэ Зати, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым, Мэздэгу, Ставрополь щIыналъэхэм щызэхэт адыгэ хасэхэм я лIыкIуэхэм.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
28.04.2024 - 10:57 →
ПсэупIэщIэхэр - гуфIэгъуэ щIыкIэм тету
|