Гуащэм и тыгъэ

Адыгэхэм ди лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщ­хьэхэм халъытэ ди фащэр. Ар дызэрыгушхуэщ, абы и щIэблэ куэдым лIэщIыгъуэхэм къыпхаха дахагъэщ, лъапIэныгъэщ. Ди адыгэ фащэр ауэ сытми щыгъыныгъуэ къудейкъым, атIэ ар фэилъхьэгъуэу къы­хэ­зыхыр хущIокъу акъы­лыфIэу, нэмысыфIэу, пщIэ­рэ шыIэныгъэрэ хэлъу щы­тыну, фащэм а лъэпкъ щыпкъагъэ псоми ­ухуеущийри. 

Пэжыр жыпIэнумэ, иджырей зэманым адыгэ фащэр щIалэ­гъуалэм нэхъ зэрахьэу жыпIэ хъу­нущ. Езы фащэр зэрыщытын хуей дыдэм хуэдэу щамытIагъэми, щIэх-щIэхыурэ долъагъу ар зэрызэхэлъ Iыхьэхэм ящыщ гуэр­хэр хэт и джанэм, нэгъуэ­щIым и бостейм кIэрилъхьэу. Ари хъарзынэщ, ипэкIэ Iуэхур зэрыщытам тепщIыхьмэ. УегъэгуфIэ абы, апхуэдэуи уегъэгушхуэ.
ЩыIащ лъэхъэнэ дуней псом щыцIэрыIуэ, куэдым яфIэтелъыджэ ди адыгэ фащэр IэщIыб хъужауэ щыщыта. Апхуэдэт лIэ­щIыгъуэ блэкIам и 60 - 90 гъэхэр. Абы щыгъуэ фащэр зезыхьэжу къызыхуэнэжар къэфакIуэ гуп­хэрат, нэгъуэщIу ар щыплъагъунур музейхэрат. Унагъуэм нысашэ яIэмэ, фащэхэр, псом хуэмы­дэу цIыхубзым ейр, къыщалъэIу­хуэрт щэнхабзэмкIэ унэхэм, къэ­факIуэ гуп зиIэ клубхэм. Апхуэдэу щытт сэ унагъуэ сыщихьа (нэхъыжьхэм фи нэмыс нэхъ лъагэж ухъу) 80 гъэхэм я пэщIэ­дзэри. Лэгъунэм щIэс сэ нысащIэм плъакIуэ нысхуэкIуэхэм хъыбару нысхуахьыр сфIэхьэ­лэмэтт. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, гуащэ схуэхъуа, Хъуэстхэ япхъу Бабусэ (зэи ди Iупэ къэмыса и цIэр мыбдежым къызэрыщис­Iуэм щхьэкIэ емыкIу сыкъэвмыщI) нысащIэр хьэгъуэлIы­гъуэм зэрыхэтыну фащэр къуа­жэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм хьэхуу къыщищтэнутэкъым, атIэ унагъуэм япэу къраша нэрыбгэм ар хуригъэдынут. Нысэ нэхъы­жьым зэрихьа нэужь, адрей и къуищм псэгъуу къыхахыну пщащэ цIыкIухэми а фащэр иужь­кIэ щатIэгъэжын хуэдэу триухуат абы. 
Гуащэм жиIамэ, зэфIэкIакъэ?! Махуэ бжыгъэ нэхъ дэ­мыкIыу сэ сыкъашащ къалащхьэм дэту щыта «Берёзка» ательем. А зэманым лъэпкъ фащэ щаду ди щIыналъэм итыр а зы IуэхущIапIэрат. Дэрбзэрым щапхъэ къыстриха нэужь, гъусэ къыс­хуащIа бзылъхугъэ цIыкIум (ар си тхьэмадэм и къуэш нэхъыжьым и нысэт) гуащэм къызэрыжриIам тету, фащэр къы­зыхадыкIыну щэкIыр къыхихащ. ЕтIуанэ къэ­кIуэгъуэм фащэр хьэзыру къыдатыжауэ щытащ. Ар япэу щыщыстIэгъа дакъикъэр иджыпс­ту хуэдэу со­щIэж: си гур къилъэтыным хуэ­дэт, апхуэдизу сыгуфIэрт икIи сыгушхуэрти: фащэ зыхурагъэ­дыр зырызыххэт абы щыгъуэ, нэхъыбэм хьэхуу къыхуащтэу арат. 
НтIэ, си фащэр дахащэт. Бостей зэгуэхыр къызыхащIыкIар къэдабэ плъыжьыбзэт, и щIагъым къыщIэлъыр дарий гъуэ­жьыфэу нэхутхьэхут, бгъэIулъыр дыщэпсрэ данэпсу зэхэтт, Iэщхьэ тхьэмпэри бостейм и кIэдахъуэхэри, пыIэ хъурей цIыкIури щIыгъужу апхуэдэ дыдэ дыщэпс IуданэкIэ хэдыкIауэ щытти, зэщIэлыдэрт, зэщIэп­щIыпщIэрт. И бгырыпхыр-щэ?! Ари лыдыжу си бгы псыгъуэм теукъуэдият. ЖыпIэнурамэ, къыс­щыхъурт си фащэр нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ, щыгъыны­гъуэу щыIэм ефIэкI фэилъхьэ­гъуэ телъыджэу. ИпэжыпэкIэ, уэрэ­дым зэрыщыжыIауэ, зэхуэфащэщ адыгэ пщащэмрэ адыгэ фащэмрэ, тIури зэхуэдэу дахащэу. А псоми гуащэм къыщIи­гъужат Iэлъыным ижыным хуэ­дэу пIащIэрэ Iу бахъэм ихь данэп­сымрэ кхъуакIэ Iуданэхэр кIыхьу зыпылъ дарий IэлъэщIыш­хуэмрэ. 
А псори екIуу зыщыгъ адыгэ нысащIэу сыхэтащ си хьэгъуэ­лIыгъуэм. СызэзыгъэцIыхуу Iэп­лIэ къысхуэзыщI нанэ Iумахуэхэм ящыщхэр щIэупщIэрт си фащэ екIур дэнэ къыщащтами. Iуэхум и пэжыпIэм щыгъуазэхэм апщIондэхукIи жаIэрт: «Ар ­гуа­щэм и тыгъэ фащэщ. Хуригъэдащ, тхьэ». Сэри апхуэдэ пщIэ зэрызгъуэтам дамэ къыс­т­ригъакIэрт. 
Си гуащэм зэрыжиIам хуэдэу, сэ схурагъэдауэ щыта фащэр иужькIэ ящыгъащ къысхуаша нысэгъу цIыкIухэми. Хэти ху­щIэд­дащ, адрейми хуитIу­лIы­кIащ (ахэр сэрат зи къалэныр) – сытми, фащэр дахащэу ящыгъыу си нысэгъухэу Алли, Анжели, Амини я хьэгъуэлIыгъуэхэр ирырахащ. Абдеж къыщынакъым. Си фащэ дахэр ящыгъащ си нысэ цIыкIухэу Бэллэрэ Эльмиррэри. Алыхьым и фIыщIэкIэ, а фэ илъхьэгъуэр угъурлы тхуэхъуащ дэтхэнэми: псори унагъуэ тэмэму, ди бынхэр зэдэтпIыжу, гъащIэм увыпIэ зырыз щыд­гъуэтауэ дыкъогъуэгурыкIуэ. ­Гуащэм дызэриущияуэ, дытын­шыну дыхуейти, дызэрыхьа унагъуэм и хабзэр къэтщтащ, шхын зэ­хэдзрэ Iуэху зэхэдзрэ ды­мыщIу. Аращ иджы ди нэхъыщIэхэр зыщIэдгъэдэIур. Я ахърэтыр нэху Тхьэм ищI ди ­гуащэ-тхьэмадэ нэхъы­жьыфI­хэм – абыхэм я чэнджэщ щхьэпэхэр нобэми гъуазэу диIэщ.
КъинэмыщIауэ, гуащэ Iумахуэм и тыгъэ фащэр хьэхуу куэд­рэ сIахащ гъунэгъухэми, благъэхэми, Iыхьлыхэми. Ар ящыгъыу школакIуэ цIыкIухэр мызэ-мытIэу хэтащ Аруан щIыналъэм щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм, ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэу. Дауи, а текIуэныгъэхэр къэзыхьар езы пщащэ цIыкIухэращ, ахэр зыхуагъэфэщар абы­хэм яхэлъ акъылыфIагъымрэ Iэдэбагъымрэщ, хабзэмрэ нэ­мысымрэщ, зэхэщIыкIымрэ гуп­сысэмрэщ, итIани… си гуащэм и тыгъэ си фащэми и Iыхьэ мащIэ хэлъу пIэрэ, жызоIэ. 
Сэ схурагъэдауэ щыта цIыхубз фащэм зыкIи къыкIэрымыхуу адыгэ цIыхухъу фащэ цIыкIу, фэ бгырыпхри къамэ цIыкIури щIыгъужу, а ателье дыдэм щыхуедгъэдауэ щытащ ди бын пажэ Замири. Къэхъун дэт курыт школ №1-м 1991 - 1992 гъэ еджэгъуэ­щIэр зэраублэжым и нэщэнэ япэ уэзджынэр утыкушхуэм къыщезыгъэуауэ щытар а адыгэ фащэ екIур хуэфIыпсу зыщыгъ, 1-нэ классым щIэтIысхьауэ щыта а щIалэ цIыкIуращ. ЩIалэ нэхъыщIэ Алими иужькIэ щыгъа а фащэри унагъуэм щызыдохьэ. 
Нобэ, Алыхьым и фIыщIэкIэ, щIэблэм хуэнэхъуеишэу яфIэ­хьэлэмэтщ адыгэ хабзэри нэ­мысри, лъэпкъ тхыдэри щэнхабзэри. Адыгэ фащэр е ар зэры­зэхэлъ пкъыгъуэхэм ящыщ гуэрхэри зи щыгъынхэм хэлъу зе­зыхьэхэр, къэзыгъэсэбэпхэр мащIэкъым. Абы, сызэригугъэм­кIэ, къегъэлъагъуэ лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэм епха Iуэхугъуэ куэдым щIалэгъуалэр кIуэ пэтми нэхъ дихьэх зэрыхъужыр. Ар фIыгъуэшхуэщ. 
А псоми согупсыс си щыгъын нэхъыфIхэм, нэхъ лъапIэхэм яхэлъу фIэдзапIэм фIэлъ си адыгэ фащэм сыщеплъкIэ. Къэс­Iуэтэжам хуэдэ куэди си гум къыдредзеиж абы щыгъуэм… 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: