Лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ ущегъэгугъТэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм дэт курыт еджапIэм и 1-нэ, 5-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм Адыгэ фащэм и махуэр дахэу зэрагъэлъэпIам феплъыт. Ар я фIыгъэщ а цIыкIухэм я класс унафэщIхэу ТIымыжь Залинэрэ (1-нэ класс) Хъыдзэ Люсенэрэ (5-нэ класс). ЦIыкIухэр фащэгъэфIэж махуэм хуэзыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэ ТIымыжь Лацэщ. Лъэпкъ фащэкIэ хуэпа мы цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр зэрагъэбзэрабзэр зэхэпха иужь гурыфIыгъуэ ин къует, лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ ущегъэгугъ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
29.04.2024 - 13:08 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» фыхэт
28.04.2024 - 17:33 →
Псыхэр къабзэ хъун папщIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
|