Хьэсэней гъуэгур къагъэщIэрэщIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Вольнэ Аул, Хьэсэней, Джэрпэджэж, Къэщкъэтау жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Абы текIуадэ мылъкур къыхэкIащ республикэм и гъуэгу фондым. Иджыпсту лэжьыгъэхэр щекIуэкI, километри 3,9-рэ зи кIыхьагъ, Хьэсэней Аттоевым и цIэр зезыхьэ уэрамым уахуешэ къуажэм дэт етIуанэ къалэ сымаджэщым, амбулаторэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, мэжджытым, нэгъуэщIхэми.

Гъуэгу лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкIхэм асфальтобетоныр зытралъхьэну щIым и лъабжьэр ягъэбыдэ, гъуэгум, лъэс лъагъуэм ябгъухэр мывэхэмкIэ къагъэтIылъыхь, щIэгъэкъуэнхэр ягъэув. Абы къыдэкIуэу, пшынэкум хуэдэу зэкIуэцIылъ бжьамий хэхахэм щIы тратхъуэ, псыдзэ къыщехкIэ ар зэрылъадэ хабзэ кIэнауэхэр къагъэщIэрэщIэж.

ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу гъуэгубгъухэм къэухьхэр щагъэув, зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, гъуэгу дамыгъэхэр, светофорхэр ягъэув.

Гъуэгу лэжьыгъэхэр мы бжьыхьэм зэфIагъэкIыну траухуащ.

БЭТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: