Спорт хъыбархэр

Каратэ

КомандэкIэ ещанэ увыпIэ

Краснодар крайм Урысейм каратэмкIэ и чемпионат щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэу 54-м къикIа спортсмен 1000-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ абы цIыху 11 хэтати, 6-м ехъулIэныгъэ яIащ. Я хьэлъагъ елъытакIэ, зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьащ Мэкъуауэ Алан (кг 90 нэхъ хъухэм я деж), ХьэлI Анзор (кг 90), Жэмбей Астемыр (кг 80) сымэ. Дыжьын медаль къахьащ Щоджэн Русланрэ (кг 80) Федоренкэ Владиславрэ (кг 70). Бахъсэн Тамерлан (кг 70) зыхэта гупым ещанэ щыхъуащ.

КомандэкIэ къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ещанэ увыпIэр иубыдащ.

 

Гимнастикэ

Ди хъыджэбз цIыкIухэр щыпашэт

Дон Iуфэ Iус Ростов хъыджэбз цIыкIуу 300-м щIигъу зыхэта зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. «Дон и бжьыхьэ». Арат гимнасткэхэм я зэпеуэм и фIэщыгъэцIэр. Мыбы кърихьэлIат Волгодонск, Таганрог, Зерноград, Мэздэгу, Ставрополь, Краснодар, езы Ростов къалэхэм щыщ, илъэсипщIым щыщIэдзауэ 14-м нэс зи ныбжьхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр командищ хъурт. Илъэс 12 - 14-м итхэр зыхэт гупым я деж ди «Эльбрус-Олимпия» командэм япэ увыпIэр щиубыдащ.

Илъэси 10 - 12 ныбжьым итхэм я деж етIуанэ щыхъуащ ди «Эльбрус-Вершина» гупыр.

Ди хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсакIуэхэщ Терентьевэ Иннэ, Шыгъушэ Татьянэ, Михайленкэ Светланэ, Текуевэ Жанетэ сымэ.

 

Дзюдо

Боташев Хьэсэн и фэеплъу

Илъэс 14 ныбжьым ит щIалэ цIыкIухэр хэту Налшык дзюдомкIэ 3-нэ Республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Ар СССР-м спортымкIэ и мастер, физико-математекэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Боташев Хьэсэн и фэеплъу къызэрагъэпэщат.

Мыбы япэ увыпIэр къыщызыхьар Джэданэ Амырхъан, Къуэныкъуей Идар, Дыкъынэ Анзор, Къамбий Сэфарбий, Срыкъуэ Ибрэхьим, Джыджий Самир, Шэмпарэ Сурен, Елей Астемур, Къанэмэт Къантемыр сымэщ.

ЕтIуанэ щыхъуахэщ: Гавашешвили Дамир, Кадиров Эмир, Борэ Имран, Апажэ Азэмэт, Мэртазэ Алий, Джатэ Азэмэт, Балъкъэр Тамерлан, Чэрим Тамерлан.

Ещанэ увыпIэр яубыдащ: Емкъуж Джульбер, МэшылI Кямран, Даржэ Тамир, Джэтэгъэжь Мухьэмэд, Мэкъуауэ Ансар, Куэшмэн Мыхьэмэт, Урысмэмбэт Тимборэ, Шаутаев Камиль, Къамбий Къантемыр, Кхъуэнэ Темырлан, Къуэдз Алий, Хьэгъэбанэ Iэдэм, Урыс Сейфуллахь, Къуэшырокъуэ Идар, Щомахуэ Алишер, Иуан Тамерлан.

Спортсменхэр ягъэхьэзыращ: Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Къып Эдуард, Джэданэ Залым, Бэгъуэт Мухьэмэд, Шаваев Хьэнафи, Тау Азэмэт, ГъуэплъащIэ Астемыр, Емкъуж Рустам, Мырзэ Казбек, Соблыр Рустам, Хумаров Марат.

ЕхъулIэныгъэ зиIахэм КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ. Абы къищынэмыщIауэ, текIуахэм Боташев Хьэсэн и благъэхэм къабгъэдэкIыу ахъшэ саугъэтхэр яIэрыхьащ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: