ЩапхъэфI

Лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэхэр нэхъыбэ дыдэу къыщынаIуэр гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм и дежщ, псом хуэмыдэу хьэгъуэлIыгъуэм. Адыгэ хабзэ жытIэ щхьэкIэ, абы хэмылъа куэд зэман-зэманкIэ къыхохьэ. Псалъэм папщIэ, нысащIэхэм щатIагъэ иджырей фащэхэр, нэхъапэм зэрахьахэм куэдкIэ къащхьэщокI, ауэ къежьар къежьащ, емыкIу дыдэу щымытмэ, цIыхури хуэмурэ псоми ирагъэсэж.

Псалъэм папщIэ, зэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, нысащIэмрэ щауэмрэ къызэдэфэу утыкум итакъым. ЩыIакъым, къыздикIар мыгурыIуэгъуэ торт зэпыупщIри, удз гъэгъа къэубыдри. Абыхэм я къежьапIэр къэптIэщIыну иужь уихьэмэ, хэт урысхэм, хэти Европэм хыхьэ къэралыгъуэхэм щыпсэухэм я деж унэсын хуейщ. Ауэ, дауэ мыхъуми, а псори ди лъэпкъ хьэгъуэлIыгъуэхэм хапщауэ къокIуэкI.

ХьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкIыну кърагъэблагъэхэм фIыщIэ ин яхуэфащэу, я пщэм къыдэхуэ Iуэхугъуэ псори лъэпкъ хабзэм тету кърахьэлIэ, я фащэкIи, я къэфэкIэкIи ядэбгъуэн щымыIэу зэпэщу. ЯгъэзащIэ уэрэдхэри лъэпкъым къыдекIуэкIа защIэщ. Нэхъыжьхэр зыщIагъэдэIунури, нэхъыщIэхэм гунэс ящыхъунури ящIэу утыкум итхэщ. Апхуэдэщ нэхъыжьхэм я хъуэхъухэмрэ къебжэкIхэмри.

Европей фащэ хужьхэм нэхъ дыкъыщызэтеувыIэнщи, абыхэм яхэтщ ди хабзэхэм къызэрезэгъым техуэу ядахэри, щIыкIей дыдэхэми ущрихьэлIэ къохъу, ар дауэ щатIэгъа жыпIэу. Псори зэлъытыжар а фащэр къезэгъыу къэзылъытэхэм я щэныр арагъэнщ. Сыти жыIи, щIыб пцIанэр къищу, тхьэмадэрэ гуащэрэ пхуэхъуахэм я пащхьэ уитыныр, адыгэ хабзэм утетыжыххэмэ, къезэгъыу пхужыIэнукъым.

ХьэгъуэлIыгъуэхэр лъэпкъ хабзэм тету егъэкIуэкIыным теухуауэ иджыблагъэ ди гъунэгъу шэшэнхэм унафэ къыхалъхьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я деж Iэпкълъэпкъ ныкъуэпцIанэ щыплъагъунукъым, динымрэ лъэпкъ хабзэмрэ я гъунапкъэхэм имыкIыу щытын зэрыхуейм тетщ. Къащта унафэм ипкъ иту, зэрышагъащIэхэр тыгъэ лъэпсейхэмкIэ щIэгъэнэныр гъэувыIэн хуейуэ ягъэуващ. Апхуэдэ тыгъэхэм хеубыдэ налмэс мыщIэхэмкIэ щIэгъэна хьэпшып лъэпсейхэр, машинэхэр, унэхэр. Iуэхур къыхэзылъхьахэм тегъэщIапIэ ящIар цIыхум гъунапкъэр къахуэмыгъуэтыжу къызэрынарщ. ХьэгъуэлIыгъуэхэм ямылейуэ мылъкушхуэ трагъэкIуадэ хъуащ, мылъку зыбгъэдэлъхэмрэ ар нэхъ къызэмэщIэкIхэмрэ нэхъри зэпэщIигъэкIуэту.

- Иужьрей зэманым хьэгъуэлIыгъуэхэм щытепщэр ахъшэмрэ мылъкумрэщ. Дэтхэнэ зы егъэлеиныгъэми жылагъуэ гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэр хелъхьэ, махуэ къэс къэунэху щIэрыщIагъхэм зыдэзыгъэшхэм мылъку фIэкIа нэгъуэщI щыIэу ящIэжыркъым, апщIондэху цIыхум и псэкупсэ зыужьыныгъэр къолъэхъшэх. ЦIыхум IэщIыб ящIын хуейкъым лъэпкъым къыдекIуэкI диныр, щэнхабзэр, гъэсэныгъэр. Пщэдей гъащIэ гъуэгуанэ зэдытехьэхэм я дунейр мылъкуаблагъэкъым зэраублэн хуейр - псэ къулеигъэкIэщ, - жиIащ республикэм и дин IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и муфтийм икIи абы и псалъэхэр куэдым даIыгъащ.

ХьэгъуэлIыгъуэхэм щызекIуэн хуей мардэщIэхэм тещIыхьауэ нысащIэр къыщыщIашкIэ яту щыта сом мини 100-м япIэкIэ дяпэкIэ зекIуэнур сом мини 10-щ, щIалэм и Iыхьлыхэм хуахьынури апхуэдиз дыдэщ. Гуащэ, тхьэмадэ Iыхьэхэри ирагъэлей хъунукъым.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: