Гупсысэ куурэ хуабагъэкIэ гъэнщIа IэрыкIхэр

Скульптор цIэрыIуэ ГъущIапщэ Арсен дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыху зэфIэкIыбэхэм ящыщщ. Гупсысэ куурэ хуабагъэкIэ гъэнщIа абы и IэрыкIхэм дунейм и щIыпIэ куэдым уащрохьэлIэ.
ГъущIапщэм Суриков Василий и цIэр зэрихьэу Москва дэт СурэтыщI институтыр къиухащ. Диплом лэжьыгъэу абы ищIауэ щыта «ПсыхуэлIэ» лэжьыгъэм папщIэ СССР-м ХудожествэхэмкIэ и академием и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. 1991 гъэм ар Италием ягъэкIуэри щыIащ, и щIэныгъэм щыхигъахъуэу.
ЩIыналъэ, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм мызэ-мытIэу хэтащ абы и лэжьыгъэхэр. И IэдакъэщIэкIхэр щигъэлъэгъуащ Тыркум (Яловэ), Македонием, Истамбыл, Краснодар, Сочэ, Налшык, Мейкъуапэ къалэхэм.
Абы и лэжьыгъэхэр Урысейм, Тыркум, Македонием, Франджым, Италием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу цIыху щхьэхуэхэм я коллекцэхэм хуэсакъыу щахъумэ.
ГъущIапщэм нэхъ лэжьыгъэшхуэу ищIахэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык щагъэува «Псэ жыгыр», Лермонтов Михаил и фэеплъу Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ зыгъэпсэхупIэм итыр, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Мэкъумэш университетым и япэ ректору щыта, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ФиIэпщэ Борис и фэеплъыр, Къейтыкъуэ тIуащIэ щекIуэкIа мазибл зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу а щIыпIэм щагъэува мывэ сыныр, Урыс-Кавказ зауэм и фэеплъу Истамбыл дэтыр, РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Шэру Соня и фэеплъыр, нэгъуэщIхэри.
«ЦIыху IэпщIэлъапщIэм Iэрыхьэмэ, псыхъуэм дэлъ мывэжьми уи сурэтыр къыхихыфынущ», - жаIэ. Мывэ къырым цIыху сурэт къыхэбгъэщыну мытыншыр пэжщ, ауэ абы цIыху гупсысэ къыщыбгъэлъэгъуэну, мывэр «къэбгъэпсэлъэну» нэхъ гугъужщ. Мывэхэх IэщIагъэм нэхърэ нэхъыжь гъуазджэм хэткъым. АтIэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ щигъуэта абы ди зэманым? А упщIэм и жэуапщ нобэ ди псэлъэгъу ГъущIапщэ Арсен и IэдакъэщIэкIхэм я щIэупщIэ иныр, ахэр здагъэува щIыпIэхэр. 
 ГъущIапщэ Арсен нэхъыбэу цIэрыIуэ зыщIар «Псэ жыг» лэжьыгъэ хьэлэмэтрауэ къыщIэкIынущ. Дэ а лэжьыгъэм къежьапIэ хуэхъуар тфIэгъэщIэгъуэну ГъущIапщэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

- Узахуэщ, «Псэ жыгращ» цIэрыIуэ сызэрыхъуар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэ дыдэу нэхъ лэжьыгъэшхуэу сщIауэ щытар аращ, - къыддогуашэ ар. - Зауэшхуэм, гуауэм ятеухуауэ фэеплъ гуэр щыпщIым и деж зы цIыхум и теплъэ наIуэу къэбгъэлъэгъуэныр щыуагъэщ, апхуэдэм деж дамыгъэ е гупсысэ зыщIэлъ гуэр пщIымэ нэхъыфIщ. Пэжым ухуеймэ, мыр Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу сщIатэкъым. «Псэ жыгым» а фIэщыгъэр иIэу сщIауэ щыIэт, мы Iуэхум хуэкIуэрти, апхуэдэу къекIэрэхъуэкIри, си лэжьыгъэр комиссэм хэтхэм къащтащ армыхъумэ.
«Псэ жыгыр» IыхьитIу зэхэтщ, зыр анэм, адрейр адэм и лъэныкъуэщ. «ЩIым къыхэкIри, хыхьэжащ», зэрыжаIэм хуэдэу, зы пкъым къыхэкIрэ адрейм хыхьэжу а сатыритIым къудамэ хырыхыр къыхокIри, лъэныкъуитIымкIи хохьэж. Ар ди адэжь-анэжьхэм я фэеплъу аращ. ЛIакъуиблкIэ укъызыхэкIар пщIэжу, благъагъэр пIыгъыу щытын хуейуэ адыгэм игъащIэми къилъытэркъэ?! Аращ жыгым къудамибл щIиIэр. Ебланэу къэтIэпI къудамэ цIыкIухэр - къэкIуэну щIэблэращ. Жыгым иIэ кумбыгъэ цIыкIухэр бынжэщ. Ар Iэпкълъэпкъыр зыхъумэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ я зэпыщIэныгъэ къабзэщ. Мы фэеплъыр символым и гъэпсыкIэ хабзэм тету сщIащ. Мы гупсысэхэр сэ щIэслъхьа щхьэкIэ, ахэр псори зым имылъагъункIи хъунщ, сэ щIэслъхьа гупсысэм нэмыщI, нэгъуэщI гуэр хэзылъэгъуэни зэ-рыщыIэр си фIэщ мэхъу. Скульптурэм цIыху емыплъмэ, гупсысэ къыхимыхмэ, гъущIыкIэжьу аращ. Абы гупсысэм зриужьын, зригъэубгъун хуейщ, армыхъумэ цIыху теплъэ, сурэтым тепщIыкIыу, пщIынракъым нэхъыщхьэр.
«Псэ жыгым» гупсысэ зыщIэлъ, хабзэ къэзыгъэлъагъуэ нэгъуэщI зыгуэри дэщIыгъущ. Абы теувапIэ, къекIуэкIыпIэ лъагъуэ хуэсщIащ. Ар накъыгъэм и 21-м фэеплъым Iуэху зэрепщIэкIыфыну хабзэщ. ЦIыхур зэхуэса нэужь, тхьэмадэр япэ иту, сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ екIуэкIыу «Псэ жыгым» хуэкIуэу докIуейри, фэеплъым зэрынэсу, ижьымкIэ зегъазэри къохыж. Лъагъуэр зы лъэныкъуэмкIэ щыдокIуей, адреймкIэ къыщохыж. Ар лъэпкъ хабзэр щыбгъэлъагъуэ хъуну Iуэхущ.
Сочэ дэт Художественнэ музейм «Псэ жыгым» и зы лIэужьыгъуэ, сантиметр 60 хуэдиз хъууэ, ищэхуауэ зэрехьэ. КъищынэмыщIауэ, «Псэ жыгым» и зы лIэужьыгъуэ Истамбыл дэтщ, абыи хъыбар щхьэхуэ иIэщ. Истамбыл дагъэувэну фэеплъ лэжьыгъэхэр къыщыхах дунейпсо зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIырти, цIыху 500-м щIигъум я лэжьыгъэ ирагъэхьат, ягу ирихьу къыхаха лэжьыгъипщIым язщ «Псэ жыгыр». Скъар (мрамор) метрищым махуэ 21-м фэеплъыр къыхэсщIыкIыну си къалэнт. Гугъут, ауэ схузэфIэкIащ. Истамбыл и Картал хьэблэм щагъэуващ скъар хужьым къыхэщIыкIа «Псэ жыгыр». Хабзэм зэрыжиIэмкIэ, ар а щIыпIэм деж илъэскIэ щыта иужь, абы щыпсэухэм ягу иримыхьмэ, Iуахыжыну хуитщ. Илъэс нэужьым ирагъэкIуэкIа IэIэтымкIэ фэеплъыр къагъэнащ.
 «Псэ жыгым» ехьэлIауэ сиIэ хъуэпсапIэхэм ящыщщ абы и лIэужьыгъуэ зэмыщхьхэр адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм, къалэхэм щызгъэувыну, ар здэщытыр зэхуэсыпIэу яIэну. Апхуэдэу ящIа проект дуней псом теткъым, ауэ абы и лъэныкъуэкIэ адыгэр япэ дищмэ, сыт ягъэ кIын?!
Сэ сызэреплъымкIэ, ГъущIапщэм и лэжьыгъэхэм псэм гулъытэ хэха щыхуещI. Абы и щыхьэтхэм ящыщщ Къетыкъуэ тIуащIэм дэт фэеплъыр.
 Псом япэ къэхъури къанэри псэращ. «Псэм и гъуэгу» фэеплъыр 1779 гъэм Къетыкъуэ тIуащIэ щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм хэкIуэда ди адэжьхэм я фэеплъщ.
Илъэс куэд щIауэ мы щIыпIэм цIыхухэр щызэхуэсурэ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу, Балъкъ псым мывэ къыхахыурэ самэу зэтралъхьэн щIадзащ, итIанэ мывэхэр хъурейуэ къекIуэкIыгъуищу кърагъэтIылъэкIати, иужькIэ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан и чэнджэщкIэ, къекIуэкIыгъуэр блы ящIащ. Ар щыслъагъум, сытегушхуэри и кум ирагъэувэн фэеплъ яхуэсщIащ.
Фэеплъым и инагъыр метрищ мэхъу, мывэкъырым (гранитым) къыхэщIыкIащ, илъэсрэ ныкъуэкIэ селэжьащ абы. И щIыIур мафIэкIэ тезгъэлыгъукIыжащ. А фэеплъыр цIыхум и псэр щыхэкIкIэ зэрыкIыу къысщыхъу зэвыпIэрщ, ажалым и гъуэгур къигъэлъагъуэу аращ. Ар самыгъэгъэувыну илъэс зыбжанэкIэ къыспэщIэтахэри щыIэщ, ауэ дгъэуващ.

 

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: