Зыпхъумэжыну сыт щыгъуи игъуэщ

   «Айн» е «айнэ» - апхуэдэу йоджэ иджыри къэс зи цIэ зэхэдмыха лъэпкъым. «ЦIыху пэж дыдэхэр» - аращ псалъэм къикIыр езыхэм я бзэмкIэ. Мы лъэпкърауэ хуагъэфащэ нобэ уей-уей жезыгъэIэ Японием я щэнхабзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъари къэралым иубыд щIыпIэхэм япэу къитIысхьари. 
«КъыздикIар тщIэркъым» жаIэ щхьэкIэ, айнхэм я Хэкур Япониер зытес хытIыгухэрщ. Америкэм индеецхэр зэрырагъэкIуэтэкIам хуэдэу, айнхэри японхэм яхэшыпсыхьыжауэ аращ. ТеплъэкIэ ахэр японхэм къащхьэщокI я нэхэр нэхъ хъурейуэ зэрыщытымкIэ, я цIыхухъухэм жьакIэ Iув зэрагъэкIымкIэ. Пасэ зэманым айн цIыхубзхэм я Iупэхэр гъэщIэгъуэну къатхъыхьу щытащ, и щIыIум аргуэру зы Iупэ къытетым ещхьу. Иджырей зэманым а хабзэр кIуэдыжащ. ЗэрытщIэщи, Курил хытIыгум щхьэкIэ Урысеймрэ Япониемрэ зэман кIыхькIэ зэныкъуэкъуащ. Къэрал хабзэр нэхъ ткIийуэ щыщытам, айн лъэпкъым узэрыщыщыр зыщIыпIи щыжыпIэну хуит ущащIтэкъым ди къэралым, японхэм щIы дауэ къыдамыщIэкIын папщIэ. ИтIани, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ: айну зыкъэзылъытэжу Урысейм нобэрей IуэхукIэ цIыху щитIым нэмысыпэ исщ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэбгрыкIауэ. 
 Ди щхьэ зэретлъытым нэмыщI, айнхэр гъэщIэгъуэн тщызыщI нэгъуэщI щхьэусыгъуи щыIэщ. Иджыпсту щIэныгъэр здынэплъыс гъунэм Iут къэхутакIуэхэр щIызэдауэ хуэгъэфэщэныгъэхэм язщ айнхэр Кавказ Ищхъэрэм къикIауэ зэрызэпхагъэIукIыр. 
 ЕплъыкIэхэр щы мэхъу. Бэчелор Дж. зэрыжиIэмкIэ, айнхэр Кавказ Ищхъэрэм къикIа цIыху хужьхэм, «европеоид» жыхуаIэхэм хэт нэхъри нэхъ я благъэщ. Штернберг Л. айнхэр «австронезие» жыхуаIэ ипщэ лъэныкъуэм къиIэпхъукIыу, япон хытIыгухэм къэкIуауэ хуегъэфащэ. Онуки-Терни Э. ахэр нэхъыбэу ярепх СыбырымкIэ къикIа, «палеоазие лъэпкъ» жыхуаIэхэм. 
 Пэжыр жытIэмэ, зэ IуплъэгъуэкIэ айнхэмрэ дэрэ тхыдэ къежьапIэкIэ дызэтехуэу жыдэзыгъэIэ зыри ядэтлъагъуркъым, псори зэхуэдэ цIыху цIыкIуу дызэрыщытым фIэкIа. Ауэ пасэрей зэманым зэфIэува, тхыдэжь зиIэ лъэпкъыжьу зэрыщытым къыхэкIыу, ди блэкIамрэ ди нобэмрэ щхьэхуимыту идолъыт. 
 Айнхэр щыпсэу хытIыгухэм иужькIэ японхэр къызытехъукIа лъэпкъхэм къэIэпхъуэн щIадзауэ щытащ ди эрэм ипэкIэ XIII лIэщIыгъуэм. А Iуэхугъуэр зэпыуакъым ди эрэм ипэкIэ ещанэ лIэщIыгъуэм пщIондэ. Зыкъомрэ зэрытемыгъакIуэу зэпэщIэта иужь, айнхэр хуэмурэ текIуэтри, японхэм яхэшыпсыхьын щIадзащ. Ауэ японхэм айнхэм ящIхэр яубыда щхьэкIэ, ахэр езыхэм ещхь лъэщыгъэкIэ ящIыну зэрыхуемыжьар гъэщIэгъуэнщ. Япон щэнхабзэ хъужым и нэхъыбэр айнхэм къызэрыбгъэдахари нэрылъагъущ. 
 Иджыпсту япон хытIыгухэм айн лъэпкъым щыщу цIыху мин 20-25-рэ хуэдиз щопсэу. Дауэ хъуами, я тхыдэри, хабзэри, IуэрыIуатэри, уеблэмэ я бзэри яхъумэфащ. Айныбзэр зрагъэщхь зы бзэ дунейм темыту жаIэ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: