Гупсэхугъуэ зыхэпщIэну ухуеймэ

       КъурIэн лъапIэм ит сурэ къэс фIыгъуэ щхьэхуэ бгъэдэлъщ, зыгуэр щхьэкIэ гузавэ цIыхум къигъэсэбэпыфыну. «Iимам Рэббани» цIэмкIэ къацIыху, ислъам щэнхабзэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ, Индием щыщ щихъ цIэрыIуэ Сирхинди Ахьмэд и тхыгъэхэм щытопсэлъыхь

«Фил» («Пылыр») сурэр къызэрыбгъэщхьэпэфынум.

          «Бийм и пащхьэм е шынагъуэ щызыхищIэ щIыпIэхэм деж щыту, «Фил» сурэр къэзыбжа цIыхум и гур зы щхьэкIи къыхэмыщтыжу хъунущ. Пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ, нэгъуэщI мыхъуми, 11-рэ къеджэн хуейщ а сурэм».

         А чэнджэщ дыдэм «Мактубат» тхылъми къыщытрегъазэ Iимамым: «ЩIыпIэ шынагъуэхэмрэ бийм и пащхьэм щитым дежрэ цIыхур мыгужьеин папщIэ, «Фил» сурэр къибжын хуейщ. Мыр цIыхухэм къагъэщхьэпэу, езыхэр щыхьэт зытехъуэжа Iуэхугъуэщ. Махуэ къэси, жэщ къэси нэхъ мащIэ дыдэу пщIырыпщIрэ къеджэн хуейщ абы».

       Щыгъуазэм ещIэ, щымыгъуазэм ищIапхъэщ щIэныгъэлIым зи гугъу ищI сурэр зэрыкIэщIыбзэр, муслъымэн псоми я бзэгупэм телъ «Къулъхуум» нэхърэ куэдкIэ зэрымынэхъ кIыхьыр. КъурIэн емыджэфхэм папщIэ, «Фил» сурэм и къэпсэлъыкIэр мыбдежым къыдохь:

          «Iэлэм тэрэ кэйфэ фэхьэлэ рэббукэ биIэщхьабил фиил. Iэлэм яджхьэл кэйдэхьум фии тэдлиил. Уэ Iэрсэлэ гьэлейхьим тIэйрэн Iэбабиил. Тэрмиихьим бихьиджарэтим мин сиджджиил. Фэджэхьэлэхьум кэгьэщфин мэIкуул».

        Мы сурэр теухуащ Кэбэ лъапIэр икъутэн мурадкIэ Йеменым къикIыу Мэккэ кIуэ гъуэгум теува Абрэхьэ и дзэм къыщыщIам. Пылым и инагъымрэ бзум и цIыкIуагъымрэ уи нэгум къыщIегъэувэ абы и хъыбарым. Алыхьталэр уи гъусэмэ, бзум и къарури урикъунущ. Ар уимытелъхьэмэ, пылми укъригъэлыфынукъым, жыхуиIэщ.  «Плъэгъуакъэ бзу хъушэхэм мывэ тыкъырхэр пылыдзэм ятрыригъэкIутэу, ахэр тхьэмпэ шхахуэм ещхь зэрищIар?!» - дыкъыщоджэ абы и псалъэхэм.  Апхуэдэ щIыкIэу, Алыхьышхуэм зыщIегъакъуэ «Фил» сурэр къэзыбж дэтхэнэ и пщылIми. 

                                                        ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: