Махъшэ Iущ

ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар псэущхьэхэм епсалъэу, я гум илъыр къищIэу щытащ щыжаIэм деж, ар куэдым ягъэщIагъуэ, нэхъыбэжым я фIэщ хъуркъым. Ауэ апхуэдиз зэман дэкIауэ, апхуэдэ хъыбархэр ди деж къызэрысар щыхьэту зыхурикъуи щыIэщ. IуэрыIуатэ псоми къазэрыщыщIым ещхьу, ди деж къэсыху хъыбарым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыхэхуауэ щытми, къыхэпхыфыну ущием и уасэр нэхъ мащIэ хъуакъым.

Махуэ гуэрым ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам деж лIы гуэр къэкIуащ, и махъшэр Iэдэжу и гъусэу.

«Уа Алыхьым и лIыкIуэ! - зыкъыхуигъэзащ къэкIуам Бегъымбар лъапIэм. - Сэ бэзэрым хьэлъэзешэу сыщолажьэ. Мылъкууи былымуи сиIэр мы махъшэ закъуэращи, бэзэрым зэгъусэу докIуэри, цIыхухэм я хьэлъэр къахудошэкI. Абы къыпэкIуэ ахъшэм сыхопсэукI. Гуныкъуэгъуэу сиIэр зы закъуэщ. Махуэ псом сылэжьауэ унэм сыкъэкIуэжа нэужь, си ахъшэмыр сощI, тIэкIу содзакъэри, согъуэлъыж. Жэщыку зэрыхъуу, махъшэм кIиин щIедзэри, жэщ псом сигъэжейркъым. Аращи, пщэдджыжьым сызэхэукIауэ лэжьакIуэ сокIуэ. КхъыIэ, си махъшэр мыкIиину Алыхьым схуелъэIу».

- Махъшэм сыхуэмызэу хъунукъым, - жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхам.

Арати, махъшэр къыбгъэдашэ. Зыбгъэдыхьар зэрыбегъымбарыр ищIэм ещхьу, Iэдэб хэлъу, и щхьэр ехьэхауэ къыбгъэдыхьащ махъшэр щэлатрэ сэламрэ зэхам. Зэгъусэу зытIэкIурэ зэбгъэдэтахэщ. ИужькIэ хьэлъэзешэр къриджэри, мыр къыжриIащ Алыхьталэм и лIыкIуэм:

- Мыбы жиIэращ, си къуэш, - пыгуфIыкIыурэ щIидзащ ЛIыкIуэ лъапIэм. - Пщыхьэщхьэм еша-елIауэ къэкIуэжа нэужь, мы лIыр машхэ, ахъшэмыр ещIри мэгъуэлъыж. Ауэрэ жасым и зэманыр къохьэ, мо махуэ псом бэзэрым щылэжьар жей Iувым хэтщи, мэжей. Сэри сокIий: «Къэуш! Къэтэджи, уи жасыр щIы!» АрщхьэкIэ къэмытэджурэ, нэху мэщ. Сэри согузавэ: Къемэт махуэм Алыхьталэм и пащхьэм сихьэжмэ, щхьэ къыумыгъэушарэ узей лIыр жиIэу сигъэкъуаншэмэ, сыт жесIэнур?»

Апхуэдэу, махъшэм и фIыгъэкIэ, хьэлъэзешэм зыкъиумысри, и жасыр зэтриублэжауэ щытащ. Хъыбарыр ди деж къэзыхьэсар зи псалъэм шэч къытрамыхьэ щIэныгъэлIышхуэхэм язщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: