Адыгэхэмрэ гъуэтхэмрэ

Гъуэт тхыдэтх Иордан къызэринэкIа тхыгъэхэм тепщIыхьмэ, ди лъэхъэнэм и III лIэщIыгъуэм къызэрехьэжьауэ щытащ гъуэтхэр - пасэрей герман лъэпкъыр. Ахэр Урым пащтыхьыгъуэм и щIыналъэм итIысхьэну, яхьэхуну щIэхъуэпсырт. Лъэпкъхэр зэхэIэпхъукIрэ щIыналъэщIэхэр зауэ-банэкIэ щаубыд лъэхъэнэт ар. Апхуэдэу, илъэс куэдкIэ екIуэкIа гъуэт зауэм и Iэужьу, ахэр мамырыгъэкIэ Фрикием итIысхьащ, джатэкIи щIыналъэ зыбжанэ яубыдащ. 
Адыгэм и тхыдэми къыхощыж зэгуэр Европэр зыгъэгулэза гъуэтхэм я цIэр. 
Дау зэкъуэшибгъум я хъыбар нобэм къихьэсащ ди IуэрыIуатэм. ЗэрыжаIэжымкIэ, а лъэхъэнэм адыгэхэм я гъуазэр Дау Бахъсэнт. Даухэ зэкъуэшибгъурэ зы хъыджэбз закъуэрэ яIэт. Гъуэтхэр адыгэ щIыналъэм къыщебгъэрыкIуэм зэкъуэшхэр зауэм кIуащ икIи зы къэмынэу псори хэкIуэдащ. Зэрыбыным я нэхъыщIэу я шыпхъу закъуэм и дэлъхухэм я хьэдэр шыгукIэ къришэлIэжри, Бахъсэн ныджэм щыщIилъхьэжауэ жаIэ. А зэман жыжьэм Бахъсэныпсым нэгъуэщIыцIэщ зэрихьэу щытар – Алътудыпс. Ауэ зэкъуэшибгъум я нэхъыжь, дзэм и пашэу зауэм хэта Бахъсэн и цIэр псым фIащыжащ. Даухэ я щIалэхэм гъуэт зауэм щызэрахьа лIыгъэм и фэеплъ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, я шыпхъум и унафэкIэ алыджхэм мывэ сын ягъэжауэ жаIэ. 
Мыбдеж гу лъытапхъэщи, Дау зэкъуэшибгъум я хъыбарым теухуауэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ къаIуатэр зэтохуэ. 
Гъуэтхэм къазэуа щIыналъэхэр зэгуагъэхьэжри, къэралыгъуэ къызэрагъэпэщат. Урысейм и европей лъэныкъуэр – Балтийскэ хым къыщыщIэдзауэ хы ФIыцIэм къэсу - зэрыщыту хиубыдэрт абы. А лъэхъэнэ жыжьэм КъуэкIыпIэмкIэ къыщызэрехьэжьа гунхэм дунеижьыр яхьэхуным хуэдэу къызэрыгъэбэтати, абыхэм я дамэ щIэт лъэпкъхэмрэ щIыналъэхэмрэ къащхьэщыжу дзэшхуэ къагъэуври, КъухьэпIэмкIэ къыщыунэхуа гъуэт къэралыгъуэр зэтракъутащ, яубыда щIыналъэхэри къыIэщIагъэкIыжащ. Апхуэдэу щыхъум, гъуэтхэр Кърымым итIысхьащ. Ауэ герман лъэпкъхэм апхуэдэу тыншу зыкъатыну, ар езыгъэнэхыну лъэпкъ махэтэкъым. Я къару къызэрыгъуэтыжыху заIэтрэ, гунхэм ебгъэрыкIуэу, мыдрейхэри къимыкIуэту куэд дыдэрэ къызэрехьэкIащ. ИкIэм – икIэжым гъуэтхэм я лъэр щIэхущ, мащIэ къызэрыгъэхъури, тIуащIэм дэкIыу, хы ФIыцIэм и адрыщI – Кавказым – итIысхьэн хуей хъуащ. Абдежым гъуэтхэр бгырыс хъуащ икIи кавказ лъэпкъхэм хэшыпсыхьыжауэ жаIэ. Абы и щыхьэту адыгэхэм къахуэнащ лъэпкъыцIэу Гъуэтокъуэ, Гъут, нэгъуэщIхэри. 
Дау зэкъуэшибгъум я шыпхъу закъуэм алыджхэм, пэж дыдэу, фэеплъ сын яригъэгъэжат икIи ягъэувыжат. А фэеплъыр япэ дыдэу тхыдэм къыщыхэщыжыр 1773 гъэращ. Нэмыцэ зыплъыхьакIуэ Гюльденштедт Иоганн Кавказым щыхьэщIащ 1771 - 1773 гъэхэм. 1773 гъэм накъыгъэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэр Къэбэрдейм щрихьэкIати, ЕтIэкъуэпсым и ныджэм дэту сыным гу лъитэри, иужьыIуэкIэ къыдигъэкIыжа «Reisen durch Russland und im Caucasischen Gebürge» тхылъым щытепсэлъыхьащ, и сурэтри ищIащ. Нэхъ гувауэ, 1829 гъэм Дау зэкъуэшхэм я фэеплъым и зы сурэт иджыри дунейм къытехьащ граф Потоцкий Ян и Iэдакъэ къыщIэкIауэ. 
Мывэ фэеплъым алыдж хьэрфкIэ тхауэ, адыгэбзэкIэ укъеджэ хъууэ тетт: «Гъуэт зауэм хэкIуэда Даукъуэ зэшиймрэ Даухэ я къаныкъуэ Пэкъурэ я фэеплъ». КъызэрыщIэкIымкIэ, Даухэ зэкъуэшийт зэрыхъур, къаныкъуэу яIа Пэкъур ебгъуанэу ягъэувауи арат. 
Езыхэр Бахъсэныкъуэм деж щыщIалъхьэжами, зэкъуэшхэм я фэеплъыр ЕтIэкъуэ деж щIыщагъэувам и щхьэусыгъуэр зыми ищIэркъым. Ауэ метри 2,65-рэ зи лъагагъ мывэ сын гъэщIэрэщIар 1881 гъэм Москва дэт Тхыдэ музейм ягъэIэпхъуауэ, нобэр къыздэсым абы щахъумэ. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: