НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 17, гъубж

♦Къулейсызыгъэр гъэкIуэдыным и дунейпсо махуэщ

♦1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм и зэхуэс екIуэкIащ.

♦1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ягъэуващ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ» медалхэр.

♦1961 гъэм Къэрал Кремль Уардэунэр къызэIуахащ.

♦1943 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Тохъутэмыщ Хъызыр.

♦1952 гъэм  къалъхуащ тхакIуэ, публицист, ЩIДАА-м и адемик, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Котляров Виктор.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 14, жэщым   градуси 5 - 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Шыпсыранэрэ пэт зы дахэгъуэ иIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ